Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 9:45 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

45 Ауэ а псалъэхэм къикӀыр къагурыӀуакъым. КъагурыӀуэн ялъэмыкӀыну абыхэм ящыбзыщӀат а псалъэр икӀи абыхэм теухуауэ Хьисэ еупщӀын шынэрт.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

45 Ауэ абыхэм къагурыӀуакъым Хьисэ жиӀам къикӀыр, а псалъэм и мыхьэнэр абыхэм щабзыщӀати. Езыхэри Хьисэ еупщӀыну тегушхуакъым.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 9:45
15 Iomraidhean Croise  

Апхуэдэу щыжиӀэм, Петр Хьисэ лъэныкъуэкӀэ Ӏуишри, жиӀар хуимыдэу щӀидзащ: – Зиусхьэн, Тхьэм ар иремыдэ. Ар къыпщыщӀ хъунукъым.


Хьисэрэ и гъуэгу ирикӀуэхэмрэ Галилей хэкум щыщызэхуэ-сыжам щыгъуэ, Хьисэ абыхэм яжриӀащ: – ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр цӀыхухэм яӀэщӀыхьэнурэ,


А псалъэхэр я гум къинащ икӀи «ЛӀахэм къахэтэджыкӀыжыху жыхуиӀам къригъэкӀар сыту пӀэрэ Хьисэ?» жаӀэурэ зэупщӀыжащ ахэр.


Абы и гъуэгу ирикӀуэхэм а псалъэхэр къагурыӀуакъым, аргуэру къеупщӀыжынуи шынащ.


АрщхьэкӀэ Хьисэ яжриӀа псалъэхэм щыщу зыри къагурыӀуакъым и гъуэгу ирикӀуэхэм. А псалъэхэм къарыкӀыр ящыбзыщӀауэ щытащ, Хьисэ абыхэм къригъэкӀари зэхащӀыкӀакъым.


Ауэ абыхэм щӀалэм яжриӀа псалъэр къагурыӀуакъым.


Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм зэныкъуэкъу щӀадзащ: «Дэ тщыщу хэт нэхъ ин дыдэр?» жаӀэурэ.


Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм а къэхъуа-къэщӀам къикӀыр къагурыӀуакъым, ауэ щӀыхьышхуэ иӀэ хъуауэ, Хьисэ уафэм дэкӀуеижа нэужь, Тхьэм и псалъэ тхахэм а псалъэхэр Хьисэ теухуауэ зэрыхэтри, а псалъэхэм тету цӀыхухэм Хьисэ зэрыдекӀуэкӀари ягу къэкӀыжащ.


– Мэссихь игъащӀэкӀэ зэрыщыӀэнур Торэт хабзэм дигъэщӀащ, – къыжраӀащ цӀыхухэм. – ЦӀыхухэм ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр къызэраӀэтынур жыбоӀэ, ар дауэ зэрыхъунур? ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэу жыхуэпӀэр хэт?


Зиусхьэн, – жриӀащ Фомэ Хьисэ, – уздэкӀуэр тщӀэркъым. УздэкӀуэм и гъуэгур дауэ къэтщӀэн зэрытлъэкӀынур?


Апхуэдэу щыжиӀэм, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэр, «Зыгуэрым шхын къыхуихьауэ пӀэрэ?» жаӀэу зыр зым еупщӀыжащ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan