Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 9:44 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

44 – Мы псалъэхэр фигу ивгъэлъ: ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр цӀыхухэм яӀэщӀыхьэнущ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

44 – Мы вжесӀэр фи гум ивубыдэ: ЦӀыхум и Къуэр цӀыхухэм ӀэщӀалъхьэнущ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 9:44
26 Iomraidhean Croise  

Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ягуригъаӀуэу хуежьащ а зэманым къыщыщӀэдзауэ: – Сэ Ерусалим сыкӀуэн хуейщ. Нэхъыжьхэми, дин пашэшхуэхэми, торэт егъэджакӀуэ пашэхэми гугъуехь куэд сагъэшэчын икӀи саукӀын хуейщ, ауэ лӀахэм сакъыхэтэджыкӀыжын хуейщ ещанэ махуэм.


– ӀутӀыж махуэшхуэр къэсыным махуитӀ зэриӀэр фощӀэ. Жорым ираӀулӀын щхьэкӀэ, тепщэныгъэ зиӀэхэм яӀэщӀыхьэнущ ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр.


Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм мыпхуэдэу яригъащӀэу щӀидзащ: – ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм гугъуехь куэд ишэчын хуейщ. Нэхъыжьхэми, дин пашэшхуэхэми, торэт егъэджакӀуэ пашэхэми ар зыхахун икӀи яукӀын хуейщ, ауэ яукӀа нэужь, махуищ дэкӀмэ, ар лӀахэм къахэтэджыкӀыжын хуейщ.


и гъуэгу ирикӀуэхэм Ӏуэхугъуэхэр яригъащӀэрти. Мыпхуэдэу яжриӀащ абыхэм: – ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр цӀыхухэм яӀэщӀыхьэнурэ, абыхэм ар яукӀынущ, ауэ яукӀа нэужь, махуищ дэкӀауэ, ар лӀахэм къахэтэджыкӀыжынущ.


А Ӏуэхухэр зэхэзыха псоми я гум ахэр ираубыдауэ жаӀэрт: «Мы сабийр сыт зэрыхъунур?» Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Зиусхьэным и нэфӀ абы къыщыхуат.


Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ цӀыху пщыкӀутӀыр лъэныкъуэкӀэ Ӏуишри, яжриӀащ: – Мис, ЕрусалимкӀэ дыдокӀуей. ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм теухуауэ бегъымбархэм ятха псори абы къыщыщӀынурэ, пэж хъунущ.


Ауэ Мэрием мы Ӏуэхугъуэ псори игу ириубыдэри егупсысащ.


И анэмрэ и адэмрэ я гъусэу Хьисэ Назарет кӀуэжащ итӀанэ, яхуэӀурыщӀащ. Хьисэ и анэм игу ириубыдащ мы Ӏуэху псори.


– Сыщывигъусам нывжесӀауэ щытар мыращ: Мусэ бегъымбарым и Торэт хабзэми, адрей бегъымбархэм я тхылъхэми, Сабурми сэ къыстеухуауэ ит псори къысщыщӀурэ пэж хъун хуейщ, – къажриӀащ Хьисэ абыхэм.


– ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм гугъуехь куэд ишэчын хуейщ, – жиӀащ абы. – Нэхъыжьхэми, дин пашэшхуэхэми, торэт егъэджакӀуэ пашэхэми ар зыхахун икӀи яукӀын хуейщ, ауэ ещанэ махуэм ар лӀахэм къахэтэджыкӀыжын хуейщ.


– ФӀэщхъуныгъэ фиӀэ хъуа иджы? – еупщӀащ Хьисэ абыхэм.


А Ӏуэхухэр иджы щӀывжесӀэр а махуэр къэсмэ, ахэр зэрывжесӀар фигу къэвгъэкӀыжын щхьэкӀэщ. Ахэр сэ вжесӀакъым нэхъапэм, сызэрывигъусам къыхэкӀкӀэ.


– Ди щхьэщыгу ит Тхьэм къыуимытатэмэ, къызэпщӀэнӀауэ лъэкӀыныгъэ уиӀэнтэкъым, – къыжриӀащ Хьисэ. – Апхуэдэу зэрыщытым щхьэкӀэ, уэ сыкъыпӀэщӀэзыгъыхьам гуэныхь нэхъыбэ иӀэщ.


Тхьэм зэриухам тету икӀи а Ӏуэхур къэхъун и пэкӀэ ищӀэу зэрыщытам тету, Хьисэ къыфӀэщӀыхьащ. ЦӀыху бзаджэхэм ар жорым иревгъэӀулӀри евгъэукӀащ.


Апхуэдэу зэрыщытым къыхэкӀкӀэ, Тхьэм и гъуэгум дытемыкӀын щхьэкӀэ, зэхэтха псалъэхэм куэду ди нэӀэ ятедгъэтын хуейщ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan