Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 9:43 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

43 ЦӀыху псоми Тхьэм и лъэкӀыныгъэшхуэр хуабжьу ягъэщӀэгъуащ. ЦӀыху псоми Хьисэ илэжь псори ягъэщӀагъуэ щыхъум, абы и гъуэгу ирикӀуэхэм яжриӀащ:

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

43 ЦӀыхухэм яфӀэтелъыджэ хъуащ Тхьэм и лъэкӀыныгъэм и инагъыр. Хьисэ илэжьа Ӏуэхугъуэ псори ягъэщӀагъуэу цӀыхухэр здэщытым, езы Хьисэ и гъэсэнхэм мыр яжриӀащ:

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 9:43
14 Iomraidhean Croise  

Хьисэрэ и гъуэгу ирикӀуэхэмрэ Галилей хэкум щыщызэхуэ-сыжам щыгъуэ, Хьисэ абыхэм яжриӀащ: – ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр цӀыхухэм яӀэщӀыхьэнурэ,


Кхъуафэжьейм яхэтӀысхьэри, жьапщэшхуэри увыӀэжащ итӀанэ. Абыхэм ар нэхьри ягъэщӀэгъуащ,


Нэфым и нэхэр къэплъэжащ асыхьэтым, Тхьэм щӀыхь хуищӀу, Хьисэ и ужь иуващ ар. Ар щалъагъум, цӀыху псоми Тхьэм щытхъу хуаӀэтащ.


ЦӀыху псоми ар хуабжьу ягъэщӀагъуэурэ, зыр адрейм еупщӀырт: – Ар сыт! ГъэщӀэгъуэн! Тепщэныгъэшхуэрэ лъэкӀыныгъэшхуэрэ иӀэу, жин бзаджэхэм унафэ яхуищӀурэ, цӀыхухэм яхеху.


ЦӀыху псоми я гур щӀэхуауэ Тхьэм фӀыщӀэ хуащӀащ. Зэрыгъэщтэжауэ жаӀащ абыхэм: – Сыту телъыджэ нобэ дэ тлъэгъуар!


Апхуэдэу щӀыжиӀар апхуэдизкӀэ бдзэжьей куэд къаубыдат, езыри адрей и гъусэхэри гужьеигъуэм хэхуати, аращ.


Абыхэм яжриӀащ итӀанэ: – Фи фӀэщхъуныгъэр дэнэ щыӀэ? – Хэт мыр? Жьыми псыми унафэ яхуещӀри, егъэдаӀуэ, – шынэрэ ягъэщӀагъуэу зэупщӀэжащ ахэр.


ЩӀалэр къыщыхуашэм, жин бзаджэм щӀым зыхригъадзэри, ар къигъэкӀэзызащ. Апхуэдэу щыхъум, Хьисэ жин бзаджэм егийщ, щӀалэр игъэхъужри, и адэм иритыжащ.


Хьисэ Мэссихь лъэкӀыныгъэшхуэу иӀэмрэ дунейм къызэригъэзэжынумрэ я хъыбарыр къыщыфхуэтӀуатэм деж, ӀущыгъэкӀэ дэ къэдгупсысауэ таурыхъхэр нывжетӀэу аракъым, атӀэ езым и щӀыхьышхуэр дэ ди нэкӀэ тлъэгъуащ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan