Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 9:39 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

39 ЩӀалэр жин бзаджэм зэщӀеубыдэри, асыхьэтым къыхегъэкӀиикӀ. ЩӀалэм и жьэм тхъурымбэр къыжьэдэхуу, ар жин бзаджэм къегъэкӀэзыз, гугъу дыдэ иримыгъэхьауэ хэкӀыжыркъым.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

39 Жин бзаджэр къытоуэри, егъэкӀий, хуэш къыхегъэхьэри, и жьэм тхъурымбэ къыжьэдэкӀыу егъэкӀэзыз икӀи хуабжьу имыгъэхыщӀауэ кӀэрыкӀыркъым.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 9:39
11 Iomraidhean Croise  

Жин бзаджэр щӀалэм къыхыхьэху, абы щӀым зыхрегъадзэ. Тхъурымбэ къыжьэдэхуу, и дзэхэри зэригъэшхыу зэщӀокӀэзызэ. Уи гъуэгу ирикӀуэхэм селъэӀуащ жин бзаджэр щӀалэм къыхахуну, ауэ яхузэфӀэкӀакъым.


ЩӀалэр Хьисэ къыхуашащ. Жин бзаджэм, Хьисэ зэрилъагъуу, щӀалэр къигъэкӀэзызащ. Тхъурымбэр къыжьэдэхуу щӀым къытеджалэри, укӀуриящ щӀалэр.


Жин бзаджэр ину къэкӀийщ, щӀалэр хуабжьу игъэкӀэзызри, абы хэкӀыжащ. ЩӀалэр хьэдэм хуэдэ хъуати, цӀыхухэм ящыщ куэдым «Ар лӀащ», жаӀэрт.


– Щыгъэти, мы лӀым къыхэкӀыж! – жиӀащ Хьисэ, жин бзаджэм егийри. ЦӀыху псоми я пащхьэм лӀыр щриудри, зыри иримыщӀэу, жин бзаджэр абы хэкӀыжащ.


Ар щӀыжиӀар а лӀыр зыӀыгъ жин бзаджэр хэкӀыжыну Хьисэ унафэ хуищӀати, аращ. Жин бзаджэхэм куэдрэ гугъу ирагъэхьат ар. ЦӀыхухэм а лӀым гъущӀ Ӏэхъулъэхъу иралъхьэри, яхъумэу яӀыгъат. АрщхьэкӀэ абы Ӏэхъулъэхъур зэпиудри, а лӀыр губгъуэ нэщӀым ирихуат жин бзаджэм.


А цӀыху гупышхуэм лӀы гуэр къахэгуоукӀащ асыхьэтым: – Дин егъэджакӀуэ, си къуэм укъысхуеплъыну сынолъэӀу, а къуэ закъуэрщ сиӀэр.


Уи гъуэгу ирикӀуэхэм селъэӀуат ар хахуну, ауэ яхузэфӀэкӀакъым.


Фэ фи адэр шейтӀаныращ. Фи адэр зыхуейращ влэжьыну фызыхуейр. Япэм къыщыщӀэдзауэ ар цӀыхуукӀыу щытщ, щыпкъагъэми теткъым, езым щыпкъагъэ хэлъкъыми. Абы пцӀы щиупскӀэ, игу илъыр жеӀэ, ар пцӀыупсщ, пцӀыр къызыбгъэдэкӀыр аращи.


ЗыфшыӀэ икӀи фымыжейуэ фысакъ. Фи бий шейтӀаным, зыӀуригъэлъэдэн лъыхъуэурэ, къеущыхь аслъэн гъуахъуэм хуэдэу.


Абыхэм пащтыхьу яӀар щӀылъэм и кууупӀэу щӀэ зимыӀэм и мелыӀычыр арщ. Абы и цӀэр журтыбзэкӀэ Аваддонщ, алыджыбзэкӀэ Аполлионщ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan