Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 9:34 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

34 Петр ар щыжиӀэм, пшэ Ӏэрамэ къакӀуэри, абыхэм къащхьэщыхьащ. Пшэр къащыщхьэщыхьэм, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэр шынащ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

34 Ар щыжиӀэм, пшэ Ӏэрамэ къащхьэщыхьэри, щӀихъумащ, щыщӀихъумэм, ахэр къэщтащ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 9:34
12 Iomraidhean Croise  

А цӀыхуитӀыр Хьисэ щыбгъэдэкӀыжым, Петр Хьисэ къыжриӀащ: – Гъуазэ, мыбдежым дызэрыщыӀэр фӀыщ. Шэтырищ щыдгъэувынщ, зыр уэр щхьэкӀэ, зыр Мусэ щхьэкӀэ, ещанэр Иляс щхьэкӀэ. Петр жиӀэр имыщӀэжу апхуэдэу къипсэлъащ.


А пшэм зы макъ къыхэӀукӀащ: – Мыращ сэ фӀыуэ слъагъу си Къуэ щӀасэр. Абы жиӀэм федаӀуэ.


Ар щыслъагъум, лӀам хуэдэу, и пащхьэм сиджэлащ. И Ӏэ ижьыр къыстрилъхьэри къызжиӀащ абы итӀанэ: «Умышынэ, япэрейри иужьрейри сэращ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan