Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 9:30 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

30 Плъэмэ, цӀыхуитӀ щытт Хьисэ къепсалъэу. Ахэр Мусэ бегъымбарымрэ Иляс бегъымбарымрэт.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

30-31 Хьисэ цӀыхуитӀ напӀэзыпӀэм къыхуэхутэри, къепсэлъэн щӀадзащ. Ахэр бегъымбарышхуэу Мусэрэ Илясрэт, тӀуми нурыр къащхьэщихырт. Тхьэм и мурадыр игъэзэщӀэн щхьэкӀэ, Ар куэд мыщӀэу Ерусэлим щылӀэн зэрыхуейм тепсэлъыхьырт ахэр.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 9:30
13 Iomraidhean Croise  

Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр Иляс бегъымбарым игу зэрилъам хуэдэу, абыи игу илъу, Иляс лъэкӀыныгъэ зэриӀам хуэдэу лъэкӀыныгъэ иӀэу, Зиусхьэныр къэкӀуэн и пэкӀэ ар къэкӀуэнущ. Адэхэмрэ къуэхэмрэ ягухэр фӀы зэхуищӀыжынущ, Тхьэм емыдаӀуэхэри щыпкъагъэ зигу илъ цӀыхухэм я гъуэгу тригъэхьэнущ. Зиусхьэным хуэфащэ лъэпкъ хъун щхьэкӀэ, абы Израил лъэпкъыр игъэхьэзырынущ.


Муси адрей бегъымбар псоми я деж къыщыщӀэдзауэ Тхьэм и псалъэу тхахэм езым теухуауэ хэтхэр ягуригъэӀуащ Хьисэ.


– Сыщывигъусам нывжесӀауэ щытар мыращ: Мусэ бегъымбарым и Торэт хабзэми, адрей бегъымбархэм я тхылъхэми, Сабурми сэ къыстеухуауэ ит псори къысщыщӀурэ пэж хъун хуейщ, – къажриӀащ Хьисэ абыхэм.


– Языныкъуэхэм цӀыхухэр зыумэхъ у-Иуану жаӀэ, – жэуап къыратащ абыхэм. – НэгъуэщӀхэми у-Иляс бегъымбару жаӀэ. Адрейхэми пасэрей бегъымбархэм ящыщ къэтэджыжауэ жаӀэ.


Тхьэм зделъэӀум, Хьисэ и нэкӀум и теплъэм зихъуэжащ, и щыгъынхэри хужьыбзэу лыд хъуащ.


Ахэр, нэху гъэщӀэгъуэнышхуэм къыхэлыдыкӀыу къэунэхуауэ, Хьисэ Ерусалим дунейм зэрыщехыжын хуейм тепсэлъыхьырт.


Торэт хабзэр Тхьэм и унафэкӀэ къытхуэзыгъэнар Мусэ бегъымбарыр арщ, ауэ нэфӀ щыхуэныгъэмрэ щыпкъагъэмрэ къызыбгъэдэкӀар Хьисэ Мэссихьыр арщ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan