Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 9:29 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

29 Тхьэм зделъэӀум, Хьисэ и нэкӀум и теплъэм зихъуэжащ, и щыгъынхэри хужьыбзэу лыд хъуащ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

29 Тхьэ зделъэӀум, Абы и нэгум зихъуэжащ, и щыгъынри лыдыжу хужьыбзэ хъуащ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 9:29
17 Iomraidhean Croise  

Абдежым Хьисэ и теплъэм зыщихъуэжащ абыхэм я пащхьэм. И напэр дыгъэм хуэдэу зэщӀэлыдащ, и щыгъынхэри уэсым хуэдэу хужьыбзэ хъуащ.


И гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщу цӀыхуитӀ губгъуэмкӀэ кӀуэ пэтрэ, нэгъуэщӀ теплъэ иӀэу, Хьисэ закъригъэлъэгъуащ итӀанэ.


Иуан, цӀыху псори иумэхъа нэужь, Хьиси иумэхъащ. Хьисэ Тхьэм щелъэӀум, уафэр зэӀукӀри,


Ауэ цӀыхухэм яхэкӀыурэ, Тхьэм щелъэӀуну щӀыпӀэ пхыдзахэм кӀуэныр и хабзэу щытащ Хьисэ.


Тхьэм елъэӀун щхьэкӀэ, Хьисэ Ӏуащхьэм дэкӀуеящ а махуэхэм. Тхьэм елъэӀуурэ, жэщ псор абы щигъэкӀуащ.


Махуэ гуэрым, щӀыпӀэ пхыдза гуэрым щыӀэу, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэр и гъусэу Тхьэм елъэӀуа нэужь, абыхэм еупщӀащ: – ЦӀыхубэм сэ сыхэту жаӀэрэ?


Плъэмэ, цӀыхуитӀ щытт Хьисэ къепсалъэу. Ахэр Мусэ бегъымбарымрэ Иляс бегъымбарымрэт.


А Псалъэр цӀыху хъуащ, икӀи къытхэтащ. Абы и щӀыхьышхуэри тлъэгъуащ. Ар Адэ лъапӀэм и Къуэ закъуэм и щӀыхьышхуэр арщ. НэфӀ щыхуэныгъэрэ щыпкъагъэрэ абы игу илъу щытащ.


Тхьэмадэ Хасэшхуэм щыщ псоми я нэхэр Стефан траубыдащ. Абы и нэкӀур мелыӀыч нэкӀум хуэдэ къащыхъуащ.


Тахътэ хужь инымрэ абы тесымрэ слъэгъуащ итӀанэ. Тахътэм тесым и пащхьэм щӀылъэри уафэри щызэдэкӀуэдащ, щӀыпӀи къахуэнэжакъым.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan