Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 9:26 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

26 Сэрэ си псалъэхэмрэ къыттеукӀытыхь дэтхэнэми сэ, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр, абы сытеукӀытыхьыжынущ. Си Адэмрэ абы и мелыӀыч лъапӀэхэмрэ я щӀыхьышхуэм хуэдэ щӀыхьышхуэ сиӀэу сыкъыщыкӀуэжкӀэ сытеукӀытыхьыжынущ абы.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

26 Си ущиемрэ Сэрэ къыттеукӀытыхь дэтхэнэми ЦӀыхум и Къуэри теукӀытыхьыжынущ, езым и щӀыхьри, и Адэм и щӀыхьри, мелыӀыч лъапӀэхэм я щӀыхьри бгъэдэлъу къыщигъэзэжкӀэ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 9:26
30 Iomraidhean Croise  

ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр, и мелыӀычхэр щӀыгъуу, и Адэм и щӀыхьышхуэм хуэдэ щӀыхьышхуэ иӀэу къэкӀуэжынущ. Хэти ищӀам хуэфащэ иригъэгъуэтыжынущ абы щыгъуэ.


– ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм щӀыхьышхуэ иӀэу, и мелыӀыч псори и гъусэу дунейм къыщыкӀуэжкӀэ, щӀыхьышхуэ зиӀэ и тахътэм тетӀысхьэнущ.


– Аращ, зэрыжыпӀэм хуэдэщ, – жиӀащ Хьисэ. – Ауэ сэ нывжызоӀэ, иджы къыщыщӀэдзауэ, лъэкӀыныгъэшхуэ зиӀэ Тхьэм и ижьырабгъумкӀэ къыщысрэ, пшэхэм яхэту къакӀуэу, флъагъунущ ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр.


Иджырей цӀыхуу Тхьэр зымыщӀэу гуэныхь зыщӀэхэм ящыщу сэрэ си псалъэхэмрэ къыттеукӀытыхь дэтхэнэми сэ, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр, абы сытеукӀытыхьыжынущ. МелыӀыч лъапӀэхэр си гъусэу, си Адэм и щӀыхьышхуэм хуэдэ щӀыхьышхуэ сиӀэу сыкъыщыкӀуэжкӀэ, сытеукӀытыхьыжынущ абы.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и щытхъум нэхърэ цӀыхухэм я щытхъур нэхъ я гуапэти.


Тхьэ закъуэм къыбгъэдэкӀ щытхъум фымылъыхъуэу, зыр зым фыщытхъужмэ, дауэ фӀэщхъуныгъэ фиӀэ зэрыхъунур?


– Дэ дыкъэзыгъэкӀуар дзэ пашэу Корнелийщ, – жаӀащ а лӀыхэм. – Ар щыпкъагъэри Тхьэм и фӀэлӀыкӀыр зи гум илъу, журт лъэпкъ псоми щӀыхь зыхуащӀ цӀыхущ. И лӀыкӀуэхэм езым деж уригъашэу, жыпӀэхэм едэӀуэну мелыӀыч гуэрым унафэ къыхуищӀащ абы.


Мэссихь теухуа хъыбарыфӀым сытеукӀытыхьыркъым, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ хъыбарыфӀыр аращ Тхьэм и лъэкӀыныгъэу фӀэщхъуныгъэ зиӀэ дэтхэнэри мыкӀуэду къезыгъэлыр – япэщӀыкӀэ журтыр, итӀанэ мыжуртыр.


Аращи, Мэссихь сызэрыхуэлажьэм щхьэкӀэ, лъэкӀыныгъэ симыӀэми, къысхущӀэджэми, гугъуехь сшэчми, гугъуехь сагъэшэчми, гукъеуэ сиӀэми, согуфӀэ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ лъэкӀыныгъэ симыӀэ щыхъукӀэ, лъэкӀыныгъэ нэхъ согъуэт.


Сэ ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и жорым фӀэкӀа нэгъуэщӀым сыщытхъуну сыхуейкъым. Хьисэ жорым зэрыкӀэрылӀыхьам щхьэкӀэ, мы дунейм и Ӏуэхухэм пщӀэ зыри ямыӀэжу, сэ си дежкӀэ ахэр жорым ираӀулӀам хуэдэщ, сэри мы дунейм и Ӏуэхухэм я дежкӀэ цӀыхухэм жорым ираӀулӀам сыхуэдэщ.


Тхьэм, Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь, Тхьэм къыхиха мелыӀычхэм я пащхьэм быдэу унафэ щыпхузощӀ, нэкъыфӀэщӀхэм зыкъевмыгъэгъапцӀэу, зыми уримытелъхьэу мы Ӏуэху псори гъэзащӀэ.


Аращ мы гугъуехьыр щӀэсшэчыр, ауэ сыдзыхэркъым, фӀэщхъуныгъэ зыхузиӀэ Хьисэ Мэссихь сощӀэ, езыми си пщэм къыдилъхьа Ӏуэхум а махуэм нэсыху ар къыхуэсакъын зэрылъэкӀынум сыщогугъри.


ТеубыдагъэкӀэ гугъуехь тшэчмэ, абы дригъусэу тепщэныгъэ диӀэнущ. «Абы и гъуэгу ирикӀуэхэм дащыщкъым», жытӀэмэ, езыми «Ахэр си гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщкъым», къытхужиӀэнущ.


Мысырым и мылъку псоми нэхърэ Мэссихь щхьэкӀэ езыр ягъэпудыныр нэхъ къулеигъэу илъытащ, ӀыхьэфӀу къылъысынум пэплъу щытащи.


КъращӀа емыкӀум ди Ӏыхьэ хэлъын щхьэкӀэ, Хьисэ деж къалэ щӀыбым дывгъакӀуэ.


Еныху бегъымбару Ӏэдэм зи цӀэм къытехъукӀа цӀыхухэм ящыщу еханэм и гум Тхьэм кърилъхьэ псалъэхэр жиӀэурэ, а цӀыхухэм теухуауэ мыпхуэдэу жиӀащ: «ФыкъэдаӀуэ, бжыгъэ зимыӀэ мелыӀыч лъапӀэхэр и гъусэу Зиусхьэныр къэкӀуэнущ.


ФыкъэдаӀуэ, уафэпшэхэм хэту къэкӀуэжынущ ар, нэ псоми ар ялъагъунущ, и джабэр бжыкӀэ зугъуэнахэми ар ялъагъунущ. Дунейм тет лъэпкъ псори абы щхьэкӀэ гъыурэ, я бгъэгухэм еуэжынущ. Аращ зэрыхъунур. Ӏэмин.


Тахътэ хужь инымрэ абы тесымрэ слъэгъуащ итӀанэ. Тахътэм тесым и пащхьэм щӀылъэри уафэри щызэдэкӀуэдащ, щӀыпӀи къахуэнэжакъым.


Ауэ къэрабгъэхэми, фӀэщхъуныгъэ зимыӀэхэми, зызыгъэуфӀеяхэми, лӀыукӀхэми, зинэ зыщӀэхэми, удыгъэм хэтхэми, тхьэ нэпцӀ зыгъэлъапӀэхэми, пцӀыупсхэми я Ӏыхьэр мафӀэмрэ тхъуэбзащхъуэмрэ ис хыр арщ. Ар етӀуанэ лӀэныгъэрщ.


Абыхэм хуэдэу щыгъын хужьхэр щыгъынущ текӀуэныгъэр къэзыхьым. МыкӀуэдыжын гъащӀэ зыгъуэтынухэм я цӀэхэр зэрыт тхылъым абы и цӀэр зэикӀ изгъэкӀуэдыкӀынукъым. Абы и цӀэр зэрысщӀэр си Адэмрэ абы и мелыӀычхэмрэ я пащхьэм щыжысӀэнущ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan