Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 9:22 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

22 – ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм гугъуехь куэд ишэчын хуейщ, – жиӀащ абы. – Нэхъыжьхэми, дин пашэшхуэхэми, торэт егъэджакӀуэ пашэхэми ар зыхахун икӀи яукӀын хуейщ, ауэ ещанэ махуэм ар лӀахэм къахэтэджыкӀыжын хуейщ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

22 – ЦӀыхум и Къуэм хьэзабышхуэ ишэчын хуейщ. Лъэпкъ тхьэмадэхэми, дин гъуазэ нэхъыщхьэхэми, теурэт егъэджакӀуэхэми ЦӀыхум и Къуэр ямыдэу къызыхахунущ, яукӀынущ, ауэ ещанэ махуэм лӀахэм къахэтэджыкӀыжынущ Ар.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 9:22
24 Iomraidhean Croise  

Зэбииныгъэ игъащӀэкӀэ дэслъхьэнущ уэрэ цӀыхубзымрэ фякуми, уэ быну къыпщӀэхъуэнухэмрэ абы быну къыщӀэхъуэнухэмрэ якуми; абы къыщӀэхъуэнур уэ уи щхьэм къеуэнущ, уэри абы къыщӀэхъуэнум и лъэдакъэм уи шэрэзыр хэбукӀэнущ.


– Ауэ сэ нывжызоӀэ, Иляс къэкӀуакӀэщ, ауэ ар къацӀыхужакъым, Ӏейуэ иращӀэну зыхуеяри иращӀащ. ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэми гугъуехь ирагъэшэчынущ абыхэм.


Хьисэрэ и гъуэгу ирикӀуэхэмрэ Галилей хэкум щыщызэхуэ-сыжам щыгъуэ, Хьисэ абыхэм яжриӀащ: – ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр цӀыхухэм яӀэщӀыхьэнурэ,


– Зиусхьэн, а пцӀыупсыр щыпсэум щыгъуэ, «Махуищ нэужьым лӀахэм сакъыхэтэджыкӀыжынущ» зэрыжиӀэгъар дигу къэкӀыжащ, – жаӀащ абыхэм.


Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм мыпхуэдэу яригъащӀэу щӀидзащ: – ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм гугъуехь куэд ишэчын хуейщ. Нэхъыжьхэми, дин пашэшхуэхэми, торэт егъэджакӀуэ пашэхэми ар зыхахун икӀи яукӀын хуейщ, ауэ яукӀа нэужь, махуищ дэкӀмэ, ар лӀахэм къахэтэджыкӀыжын хуейщ.


и гъуэгу ирикӀуэхэм Ӏуэхугъуэхэр яригъащӀэрти. Мыпхуэдэу яжриӀащ абыхэм: – ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр цӀыхухэм яӀэщӀыхьэнурэ, абыхэм ар яукӀынущ, ауэ яукӀа нэужь, махуищ дэкӀауэ, ар лӀахэм къахэтэджыкӀыжынущ.


Ауэ абы гугъуехь куэд ишэчын икӀи иджырей цӀыхухэм ар зыхагъэкӀын хуейщ япэщӀыкӀэ.


– И щӀыхьышхуэр иӀэ хъун папщӀэ, абы нэсыху, мы гугъуехьхэр ишэчын хуеякъэ Мэссихь?


– Сыщывигъусам нывжесӀауэ щытар мыращ: Мусэ бегъымбарым и Торэт хабзэми, адрей бегъымбархэм я тхылъхэми, Сабурми сэ къыстеухуауэ ит псори къысщыщӀурэ пэж хъун хуейщ, – къажриӀащ Хьисэ абыхэм.


«ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр гуэныхь зыщӀэхэм яӀэщӀыхьэн хуейщ, жорми ираӀулӀынущ, ауэ ар ещанэ махуэм лӀахэм къахэтэджыкӀыжын хуейщ».


– Мы псалъэхэр фигу ивгъэлъ: ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр цӀыхухэм яӀэщӀыхьэнущ.


Кхъэлэгъунэм щӀалъхьэжащ, ауэ ещанэ махуэм ар Тхьэм лӀахэм къахигъэтэджыкӀыжащ, Тхьэм и псалъэ тхахэм тету.


Мэссихь гугъуехьхэр ишэчу, абы и ужькӀэ щӀыхьышхуэ иӀэ зэрыхъунур бегъымбархэм я гум илъ Мэссихь и Псэ ЛъапӀэм къыщыжиӀэм, зытепсэлъыхьа зэманри Мэссихь къызэрыкӀуэжыну щӀыкӀэри бегъымбархэм зэрызрагъэщӀэным и ужь итащ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan