Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 9:19 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

19 – Языныкъуэхэм цӀыхухэр зыумэхъ у-Иуану жаӀэ, – жэуап къыратащ абыхэм. – НэгъуэщӀхэми у-Иляс бегъымбару жаӀэ. Адрейхэми пасэрей бегъымбархэм ящыщ къэтэджыжауэ жаӀэ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

19 – Языныкъуэхэм умэхъакӀуэ Яхья къэтэджыжауэ жаӀэ уэр щхьэкӀэ, нэгъуэщӀхэм у-Илясу жаӀэ, пасэрей бегъымбархэм ящыщ гуэр къэтэджыжауэ жызыӀи щыӀэщ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 9:19
12 Iomraidhean Croise  

и ӀуэхутхьэбзащӀэхэм яжриӀащ а махуэхэм: – Ар умэхъакӀуэ Иуанырауэ къыщӀэкӀынщ. Ар лӀахэм къахэтэджыкӀыжащ, аращ апхуэдэ къару зыхэлъ телъыджэхэр щӀилэжьыр.


А махуэхэм къэкӀуауэ, Иудей хэкум и губгъуэ нэщӀым цӀыхухэр Тхьэм и псалъэхэм щригъэдаӀуэурэ,


Хьисэ цӀэрыӀуэ хъуати, и хъыбар Ирод пащтыхьым зэхихащ. Щызэхихым, мыпхуэдэу жиӀащ: – Ар умэхъакӀуэ Иуанырауэ къыщӀэкӀынщ. Ар лӀахэм къахэтэджыкӀыжащ, аращ апхуэдэ къару зыхэлъ Ӏуэху телъыджэхэр щӀилэжьыр.


– Ар Иляс бегъымбарырщ, – жаӀэрт нэгъуэщӀ цӀыхухэми. – Ар бегъымбар гуэрщ, пасэрей бегъымбархэм яхуэдэу, – жаӀэрт нэгъуэщӀхэми.


Махуэ гуэрым, щӀыпӀэ пхыдза гуэрым щыӀэу, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэр и гъусэу Тхьэм елъэӀуа нэужь, абыхэм еупщӀащ: – ЦӀыхубэм сэ сыхэту жаӀэрэ?


– АтӀэ фэ сэ сыхэту жыфӀэрэ? – еупщӀащ Хьисэ абыхэм. – Уэращ Тхьэм и Мэссихьыр, – къыжриӀащ Петр.


– АтӀэ ухэт уэ? – еупщӀащ ахэр. – Уэ у-Иляс бегъымбар? – Хьэуэ, – жиӀащ Иуан. – Бегъымбарыр уэра? – еупщӀащ ахэр. – Хьэуэ, – жиӀащ абы.


Ахэр Иуан къеупщӀащ: – Мэссихьыр уэрмырамэ, Илясри уэрмырамэ, бегъымбарри уэрмырамэ, сыт цӀыхухэр щӀэбумэхъыр?


А псалъэхэр щызэхахым, цӀыху гуэрхэм жаӀащ: – Пэж дыдэу бегъымбарыр мыращ.


– Уэ уи нэхэращ абы къигъэплъэжар, – аргуэру еупщӀащ нэфу щытам. – А лӀым теухуауэ сыт жыпӀэн? – Ар бегъымбарщ, – жэуап итыжащ а лӀым.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan