Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 9:16 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

16 ЩӀакхъуитхумрэ бдзэжьеитӀымрэ къищтэщ, уафэм дэплъейри, абыхэм щхьэкӀэ Тхьэм фӀыщӀэ хуищӀащ Хьисэ. ЩӀакхъуэхэр зэгуищӀыкӀри, цӀыхухэм хуагуэшыну Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм яритащ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

16 Хьисэ щӀакхъуитхумрэ бдзэжьеитӀымрэ къищтэщ, уафэм дэплъейри, Тхьэм фӀыщӀэ хуищӀащ ерыскъым щхьэкӀэ. ЩӀакхъуэмрэ бдзэжьеймрэ зэпищӀыкӀри, и гъэсэнхэм яритащ, цӀыхухэм хуагуэшын папщӀэ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 9:16
16 Iomraidhean Croise  

Хьисэ цӀыху гупышхуэхэм яжриӀащ удзыпцӀэм хэтӀысхьэну. ЩӀакхъуитхумрэ бдзэжьеитӀымрэ къищтэщ, уафэм дэплъейри, Тхьэм фӀыщӀэ хуищӀащ. ЩӀакхъуэхэр зэгуищӀыкӀыурэ, и гъуэгу ирикӀуэхэм яритащ итӀанэ; абыхэм цӀыху гупышхуэхэм хуагуэшащ.


ШӀакхъуиблымрэ бдзэжьейхэмрэ къищтэри, Тхьэм фӀыщӀэ хуищӀащ. ЩӀакхъуэхэр зэгуищӀыкӀри, и гъуэгу ирикӀуэхэм яритащ итӀанэ. Абыхэми цӀыхухэм хуагуэшащ.


Уафэм дэплъейщ, куууэ хэщэтыкӀри, лӀым жриӀащ итӀанэ: «Еффатэ». (Еффатэм къикӀыр: «Уи тхьэкӀумэхэм зызэӀуахыжынущ».)


Хьисэ щӀакхъуэр къищтэщ, Тхьэм фӀыщӀэ хуищӀщ, зэгуищӀыкӀщ, абыхэм яритри жиӀащ итӀанэ: – Мы щӀакхъуэр, фи фӀагъ къыхэкӀын щхьэкӀэ, стыну си пкъыращ. Фи гум сыкъэвгъэкӀыжын щхьэкӀэ, мыр фшхы.


Абыхэм я гъусэу шхэну Ӏэнэм пэрытӀысхьэри, Хьисэ щӀакхъуэр къищтащ. Тхьэм фӀыщӀэ хуищӀщ, зэгуищӀыкӀри яритащ.


Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм апхуэдэу ящӀри, цӀыху псори ирагъэтӀысэхащ.


ЦӀыху псори шхащ, псоми загъэнщӀащ. Къадэхуа щӀакхъуэ бзыгъэхэр зэхуахьэсыжри, матэ пщыкӀутӀым ярыз хъуащ.


Хьисэ щӀакхъуэхэр къищтэщ, Тхьэм фӀыщӀэ хуищӀри, и гъуэгу ирикӀуэхэм яритащ. ЩӀакхъуэр цӀыхухэм хуагуэшащ абыхэм, бдзэжьейхэм щыщуи щхьэж зыхуейм хуэдиз иратащ.


Абы хэту, Зиусхьэн Хьисэ Тхьэм фӀыщӀэ хуищӀа нэужь, цӀыхухэм щӀакхъуэхэр щашха щӀыпӀэм и гъунэгъуу, Тивериадэ къалэм къикӀыу нэгъуэщӀ кхъуафэжьейхэр къесылӀащ.


Паул апхуэдэу жиӀа нэужь, щӀакхъуэ къищтэщ, псоми я пащхьэм, Тхьэм фӀыщӀэ хуищӀурэ, щӀакхъуэр щызэгуищӀыкӀри, ишхыу щӀидзащ.


Махуэ гуэр зыгъэлъапӀэм Зиусхьэным лъытэныгъэ хуищӀыну а махуэр егъэлъапӀэ. ЗымыгъэлъапӀэми Зиусхьэным лъытэныгъэ хуищӀыну апхуэдэу ещӀ. Сыт ищӀысри зышхми Зиусхьэным лъытэныгъэ хуищӀыну ешх, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ишхым щхьэкӀэ Тхьэм фӀыщӀэ хуещӀ. Мышхэр Зиусхьэным лъытэныгъэ хуищӀын щхьэкӀэщ щӀэмышхэр, абыи Тхьэм фӀыщӀэ хуещӀ.


Тхьэм фӀыщӀэ хуэсщӀу зыгуэр сшхымэ, зэрысшхымкӀэ цӀыхухэм сыт сыщӀагъэкъуэншэн хуейр?


Тхьэм фӀыщӀэ хуищӀу, зэгуищӀыкӀри къыжиӀащ: «Мы щӀакхъуэр, фӀагъ къыфхудэкӀуэн щхьэкӀэ, сипкъ зэгуэщӀыкӀынуращ. Фигу сыкъэвгъэкӀыжын щхьэкӀэ, мы щӀакхъуэр фшхы».


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan