9 И гъуэгу ирикӀуэхэр къеупщӀащ Хьисэ: – Мы ущие хъыбарым сыт къикӀыр?
9 А щӀагъыбзэм къикӀыр къагуригъэӀуэну къелъэӀуащ и гъэсэнхэр Хьисэ.
И гъуэгу ирикӀуэхэр къыбгъэдыхьэри, Хьисэ къеупщӀащ абы щыгъуэ: – ЦӀыхухэм захуэбгъазэурэ, ущие хъыбархэр сыт щӀахуэпӀуатэр?
– Жылэ зысэм теухуа ущие хъыбарым къикӀым фыкъедаӀуэ абы щыгъуэ:
Хьисэ зыхэт цӀыху гупышхуэхэм къахэкӀри, зыщӀэса унэм щӀыхьэжащ абы и ужькӀэ. И гъуэгу ирикӀуэхэр къыбгъэдыхьэри, Хьисэ къеупщӀащ: – Хьэсэм къыхэкӀа удз ежьужьым теухуа ущие хъыбарым къикӀыр къыдгурыгъаӀуэ.
Ар щызэхихым, Петр Хьисэ къыжриӀащ: – А ущие хъыбару къыджыпӀам къикӀыр къыдгурыгъаӀуэт.
ЦӀыхухэр зэбгрыкӀыжу, Хьисэ и закъуэу къыщынэм, и гъуэгу ирикӀуэ цӀыху пщыкӀутӀымрэ и гъусэхэмрэ ущие хъыбархэм я мыхьэнэм теухуауэ къеупщӀащ.
Ущие хъыбар хэмыту, абыхэм епсалъэртэкъым Хьисэ. Ауэ и гъуэгу ирикӀуэхэр я закъуэу къыщынэкӀэ, псори къагуригъаӀуэрт.
Сэ фэ ӀуэхутхьэбзащӀэкӀэ сынывэджэжыркъым, ӀуэхутхьэбзащӀэм езым и тепщэм игу илъыр ищӀэркъыми. Сэ фэ си ныбжьэгъукӀэ сынывэджащ, си Адэм жиӀэу зэхэсха псори вжесӀэжащи.