Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 8:43 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

43 А цӀыхухэм цӀыхубз гуэр яхэтт. Илъэс пщыкӀутӀ хъуауэ, абы лъы щӀэкӀыурэ куэдрэ игъэгуӀэрт. Мылъкуу иӀа псори дохутырхэм ятригъэкӀуэдат, ауэ зыми игъэхъужын хузэфӀэкӀатэкъым.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

43 Илъэс пщыкӀутӀ хъуауэ лъы зыщӀэкӀ цӀыхубз гуэр абдеж щытт цӀыхухэм яхэту. И мылъкур дохутырхэм ятригъэкӀуэда пэтрэ, зыми яхуэгъэхъужатэкъым ар.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 8:43
22 Iomraidhean Croise  

гущӀэгъу хуэзыщӀын къремыхъу, и сабий зеиншэхэм – къахуэгумэщӀыну.


сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ а цӀыху псоми къелыжа ахъшэм щыщщ пхъуантэм далъхьар, фызабэм иӀэ псори дилъхьащ пхъуантэм – зэрыпсэуну иӀэ мащӀэ тӀэкӀур зэрыщыту.


Жин бзаджэр щӀалэм къыхыхьэху, абы щӀым зыхрегъадзэ. Тхъурымбэ къыжьэдэхуу, и дзэхэри зэригъэшхыу зэщӀокӀэзызэ. Уи гъуэгу ирикӀуэхэм селъэӀуащ жин бзаджэр щӀалэм къыхахуну, ауэ яхузэфӀэкӀакъым.


Илъэс пщыкӀуий лъандэрэ сымаджэ цӀыхубз гуэр жин бзаджэм иӀыгъыу абдежым щӀэтт. Зиузэхун лъэмыкӀыу, и тхыр ухуат абы.


Апхуэдэу щыщыткӀэ, Ибрэхьим къытехъукӀа цӀыхухэм ящыщу илъэс пщыкӀуий лъандэрэ шейтӀаным иӀыгъ мы цӀыхубзыр щэбэт махуэм щхьэхуит сщӀыуэ згъэхъужын хуеякъэ?


Кхъуафэжьейм къикӀыу, Хьисэ псы Ӏуфэм щытехьэм, къалэм щыщу, жин бзаджэхэм яӀыгъ лӀы гуэр къыпежьащ. А лӀым куэд щӀауэ щыгъын щыгъыжтэкъым, унэм щыпсэужтэкъым, атӀэ кхъэлэгъунэхэм хэст.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ илъэс пщыкӀутӀ хуэдиз зи ныбжь ипхъу закъуэр, и псэ пыт къудейуэ, сымаджэу хэлът. Арати, Хьисэ Иаир и унэм щыкӀуэм, цӀыху гупышхуэр къытезэрыгуащ.


А цӀыхубзыр, Хьисэ и щӀыбагъымкӀэ къыщыбгъэдыхьэри, и щыгъын кӀапэм къеӀусащ. Абы зэреӀусэу, лъы щӀэкӀыныр увыӀащ.


Хьисэ зэхэзекӀуэурэ, къызэралъхурэ нэф лӀы гуэр ирихьэлӀащ.


– Ауэ иджы илъагъу зэрыхъужамрэ и нэхэр къэзыгъэплъэжамрэ тщӀэркъым. Езым феупщӀ, жэуап къывитыжыфыну и ныбжьыр ирикъуащ.


Къызэралъху лъандэрэ зи лъэр къыщӀэмыувэ лӀы гуэр Тхьэм и унэшхуэм и куэбжэхэм ящыщу «Куэбжэ дахэ» жыхуаӀэм деж къыӀуахьащ. Ар махуэ къэс къахьырти, Тхьэм и унэшхуэм щӀыхьэхэм факъырэ Ӏус щелъэӀуу а куэбжэм деж щагъэтӀысырт.


Мы нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэмкӀэ апостолхэм ягъэхъужа лӀым и ныбжьыр илъэс плӀыщӀым щӀигъуат.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan