Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 8:40 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

40 Хьисэ къыщигъэзэжым, цӀыху гупышхуэ къыпежьащ, цӀыху псори абы пэплъэрти.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

40 Хьисэ игъэзэжа нэужь, цӀыху куэд къыпежьащ, ахэр псори абы къыпэплъэрти.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 8:40
12 Iomraidhean Croise  

Кхъуафэжьейм итӀысхьэщ, гуэлым къызэпрыкӀыжри, и къалэм къэкӀуэжащ Хьисэ.


– Езы Даут Мэссихьым «Си ЗиусхьэнкӀэ» йоджэ, – къыщӀигъужащ Хьисэ. – Апхуэдэу щыщыткӀэ, Мэссихьыр Даут и Къуэу дауэ зэрубжынур? ЦӀыху куэд я гуапэу едаӀуэрт Хьисэ.


Хьисэ Галилей гуэлым кхъуафэжьеймкӀэ зэпрыкӀыжа нэужь, цӀыху гупышхуэ абы деж къыщызэхуэсащ. Хьисэ псы Ӏуфэм здыӀутым,


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Иуан щыпкъагъэ зигу илъ цӀыху лъапӀэу зэрыщытыр Ирод ищӀэрти, абы щышынэрт икӀи хуэсакъырт. Иуан жиӀэхэм щедаӀуэкӀэ, хуабжьу гузавэрт, итӀани и гуапэу едаӀуэрт.


ауэ цӀыху псори я гуапэу Хьисэ едаӀуэу щытти, иращӀэн мыхъумыщӀагъэ лъэпкъ ягъуэтакъым.


Закхей псынщӀэу къехыжри, и гуапэ хъуауэ, и унэм Хьисэ иригъэблэгъащ.


Зэгуэрым, Геннисарет гуэлым и Ӏуфэм Ӏуту, Тхьэм и псалъэхэм едэӀуэн щхьэкӀэ, цӀыху гупышхуэ зэхуэсри, Хьисэ къыжьэхэзэрыхьащ.


– Уи унэм кӀуэжи, Тхьэм къыпхуищӀа фӀыгъуэшхуэр уи цӀыхухэм яжеӀэ, – жриӀащ Хьисэ а лӀым. ИтӀанэ иутӀыпщыжащ. ЛӀыр кӀуэжри, Хьисэ къыхуищӀа фӀыгъуэшхуэр къалэм щиӀуэтэжащ.


Иуан нэху идзу блэ уэздыгъэм хуэдэт. Абы и нэхум тэлайкӀэ фригуфӀэну фыхуеящ.


Асыхьэтуи ныпкӀэлъызгъэкӀуащ. УкъызэрыкӀуар фӀыуэ пщӀащ. Зиусхьэным къыпхуищӀа унафэм дедэӀуэну псори Тхьэм и пащхьэм дитщ иджы.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan