Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 8:39 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

39 – Уи унэм кӀуэжи, Тхьэм къыпхуищӀа фӀыгъуэшхуэр уи цӀыхухэм яжеӀэ, – жриӀащ Хьисэ а лӀым. ИтӀанэ иутӀыпщыжащ. ЛӀыр кӀуэжри, Хьисэ къыхуищӀа фӀыгъуэшхуэр къалэм щиӀуэтэжащ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

39 – Уи унэ кӀуэжи, Тхьэм къыпхуищӀа фӀыгъуэшхуэр уи лъэпкъэгъухэм яхуэӀуэтэж. ЛӀым къуажэм игъэзэжри, Хьисэ къыхуищӀар цӀыхухэм яхуиӀуэтэжащ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 8:39
13 Iomraidhean Croise  

Ауэ а лӀыр ежьэри, къэхъуа псори жиӀэжурэ, зэрыхъужа щӀыкӀэм и хъыбарыр цӀыхухэм яхуиӀуэтэжащ. Абы къыхэкӀкӀэ, цӀыхухэм къалъагъуу Хьисэ къалэ гуэри дыхьэ хъунутэкъым, щӀыпӀэ пхыдзахэм щыӀэт. Ауэ дэни къикӀыурэ, цӀыхухэр абы деж къакӀуэрт.


Хьисэ кхъуафэжьейм щитӀысхьэжым, жин бзаджэхэр къызыхэкӀыжа лӀыр абы къелъэӀуащ: – Уи гъусэу сыздэшэ.


– Уэ уи бынхэм я деж уи унэ кӀуэжи, Зиусхьэным фӀыгъуэшхуэ къызэрыуигъэуэлӀамрэ гущӀэгъу къызэрыпхуищӀамрэ яжеӀэ, – жиӀащ Хьисэ, ар хуимыдэу.


Хьисэ кхъуафэжьейм итӀысхьэжрэ пэт, жин бзаджэхэр къызыхэкӀыжа лӀыр къелъэӀуащ: – Уи гъусэу сыздэшэ, – жиӀэри.


Хьисэ къыщигъэзэжым, цӀыху гупышхуэ къыпежьащ, цӀыху псори абы пэплъэрти.


– ФыкъакӀуи, феплъыт, лӀы гуэрым сэ сщӀа псори къызжиӀэжащ. Арауэ пӀэрэ Мэссихьыр?


И унэкъуэщхэм, псом хуэмыдэжу и унэ щӀэсхэм, якӀэлъымыплъ цӀыхур и фӀэщхъуныгъэм епцӀыжащ. Ар фӀэщхъуныгъэ зимыӀэм нэхърэ нэхъ Ӏеижщ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan