Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 8:37 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

37 Абдеж Гадарэ щыщ цӀыху псори Хьисэ къелъэӀуащ я хэкур ибгынэну, шынагъуэшхуэм зэщӀищтати. Арати, Хьисэ кхъуафэжьейм итӀысхьэжащ ежьэжыну.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

37 Джэрэсинхэр псори Хьисэ къелъэӀуащ я хэкур къибгынэну, сыту жыпӀэмэ псори хуабжьу шынат. Хьисэ кхъуафэжьейм итӀысхьэри ежьэжащ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 8:37
16 Iomraidhean Croise  

Арати, къалэм дэс псори Хьисэ къыпежьащ. Хьисэ щалъагъум, я хэкур ибгынэну къелъэӀуащ ахэр.


ЦӀыхухэм ар щызэхахым, я хэкур ибгынэну Хьисэ къелъэӀуащ.


– Фэ къывэдаӀуэр сэри къызодаӀуэ. Фэ фызымыдэм сэри сидэркъым, сэ сызымыдэм сэ сыкъэзыгъэкӀуари идэркъым.


Ар щилъагъум, Хьисэ и лъабжьэм зыщӀидзэри, Симон Петр жиӀащ: – ЗбгъэдэкӀ, Зиусхьэн, сэ сыцӀыху гуэныхьщӀакӀуэщ.


Хьисэ щилъагъум, и лъабжьэм зыщӀидзэри, макъышхуэкӀэ къэгуоурэ жиӀащ абы: – Хьисэ, Тхьэуэ Лъагэм и Къуэ, уи Ӏуэхуу сыт къысхэлъыр? СынолъэӀу, гугъу сумыгъэхь!


Къэхъуар зылъэгъуа цӀыхухэм жин бзаджэхэр зыхэса лӀыр Хьисэ зэригъэхъужар яӀуэтэжащ.


Хьисэ кхъуафэжьейм итӀысхьэжрэ пэт, жин бзаджэхэр къызыхэкӀыжа лӀыр къелъэӀуащ: – Уи гъусэу сыздэшэ, – жиӀэри.


ЦӀыхухэм фрамыгъэблагъэмэ, я къалэм фыкъыщыдэкӀыжкӀэ, мыхъумыщӀагъэу ящӀамкӀэ абыхэм я пащхьэм щыхьэт щыхъун щхьэкӀэ, фи лъакъуэхэм къакӀэрыпщӀа сабэр кӀэрывгъэщэщыж.


ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр къыщӀэкӀуар цӀыхухэр игъэкӀуэдыну аракъым, атӀэ мыкӀуэду къригъэлыну аращ. НэгъуэщӀ жылэ гуэрым кӀуащ итӀанэ.


Ахэр къакӀуэри, къелъэӀуащ, «Губгъэн къэтхуэвмыщӀ», жаӀэри. Лъэхъуэщым къыщӀашыжри, къалэм дэкӀыжыну елъэӀуащ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan