Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 8:33 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

33 Асыхьэтым жин бзаджэхэр лӀым хэкӀыжри, кхъуэхэм я пкъхэм хыхьащ. Кхъуэ хъушэшхуэр Ӏуащхьэ джабэм къежэхщ, гуэлым хэлъадэри, псым псори итхьэлащ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

33 Жинхэр цӀыхум къыхэкӀыжри, кхъуэхэм яхыхьащ. Арати, хъушэр зэрехьэжьэщ, нэпкъым елъэри, псым итхьэлащ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 8:33
8 Iomraidhean Croise  

– ФыкӀуэ! – яжриӀащ Хьисэ абыхэм. Ар щыжиӀэм, жин бзаджэхэр лӀыхэм яхэкӀыжри, кхъуэхэм япкъхэм хыхьащ. Кхъуэхэм япкъхэм щыхыхьэм, кхъуэ хъушэшхуэр зэрыщыту Ӏуащхьэ нэпкъым къежэхщ, гуэлым хэлъадэри, псым итхьэлащ.


Зэгуэрым, Геннисарет гуэлым и Ӏуфэм Ӏуту, Тхьэм и псалъэхэм едэӀуэн щхьэкӀэ, цӀыху гупышхуэ зэхуэсри, Хьисэ къыжьэхэзэрыхьащ.


А щӀыпӀэ дыдэм кхъуэ хъушэшхуэ Ӏуащхьэ джабэм щыхъуакӀуэрт. Жин бзаджэхэр Хьисэ къелъэӀуащ а кхъуэхэм я пкъхэм хыхьэну хуит ищӀыну. Хьисэ ахэр хуит ищӀащ.


Кхъуахъуэхэр щӀэпхъуэжри, къэхъуар къалэми жылэхэми щаӀуэтэжащ.


Фэ фи адэр шейтӀаныращ. Фи адэр зыхуейращ влэжьыну фызыхуейр. Япэм къыщыщӀэдзауэ ар цӀыхуукӀыу щытщ, щыпкъагъэми теткъым, езым щыпкъагъэ хэлъкъыми. Абы пцӀы щиупскӀэ, игу илъыр жеӀэ, ар пцӀыупсщ, пцӀыр къызыбгъэдэкӀыр аращи.


ЗыфшыӀэ икӀи фымыжейуэ фысакъ. Фи бий шейтӀаным, зыӀуригъэлъэдэн лъыхъуэурэ, къеущыхь аслъэн гъуахъуэм хуэдэу.


Абыхэм пащтыхьу яӀар щӀылъэм и кууупӀэу щӀэ зимыӀэм и мелыӀычыр арщ. Абы и цӀэр журтыбзэкӀэ Аваддонщ, алыджыбзэкӀэ Аполлионщ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan