Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 8:25 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

25 Абыхэм яжриӀащ итӀанэ: – Фи фӀэщхъуныгъэр дэнэ щыӀэ? – Хэт мыр? Жьыми псыми унафэ яхуещӀри, егъэдаӀуэ, – шынэрэ ягъэщӀагъуэу зэупщӀэжащ ахэр.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

25 – Фи фӀэщхъуныгъэр дэнэ щыӀэ? – еупщӀащ Хьисэ абыхэм. – Жьыми псыми унафэ яхуэзыщӀу зыгъэӀурыщӀэ мыр хэт хъуну? – жаӀэурэ зэупщӀыжырт гъэсэнхэр, шынарэ ялъэгъуар яфӀэтелъыджэ хъуауэ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 8:25
16 Iomraidhean Croise  

Петр ар щыжиӀэм, Хьисэ и Ӏэр хуишийщ, ар иубыдри жриӀащ: – Уэ, фӀэщхъуныгъэ зи мащӀэ, дзыхь щхьэ къысхуумыщӀырэ?


– Фэ фи фӀэщхъуныгъэр мащӀэти, аращ, – яжриӀащ Хьисэ. – Пэжыр нывжызоӀэ, хъардэл хьэдзэм хуэдиз фӀэкӀ мыхъу фӀэщхъуныгъэ фиӀэмэ, мы Ӏуащхьэм «ӀукӀи, модэ кӀуэ!» жефӀэмэ, ӀукӀынурэ кӀуэнущ. ФхузэфӀэмыкӀыну зы Ӏуэхуи щыӀэнукъым итӀанэ.


Губгъуэм нобэ щыгъагъэу пщэдей хьэкум ирадзэжыну удзыр Тхьэм апхуэдизу егъэлеяуэ щигъэщӀэращӀэкӀэ, абы нэхърэ куэдкӀэ нэхъыбэкӀэ фэ фигъэщӀэрэщӀэнукъэ фэ, фӀэщхъуныгъэ зимащӀэхэр?


Ар щызэхихым, игъэщӀагъуэри, Хьисэ и ужь ит цӀыхухэм яжриӀащ: – Пэжыр нывжызоӀэ, мыпхуэдэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ зы цӀыху закъуи Израил къэралым изгъуэтакъым сэ.


– Сыт апхуэдизу фыщӀэшынэр фӀэщхъуныгъэ зи мащӀэхэр? – яжриӀащ абыхэм Хьисэ. ИтӀанэ къызэфӀэувэщ, борэнышхуэми псыми егийри, дунейр щым дыдэ хъужащ.


А махуэ дыдэм и пщыхьэщхьэр къыщысым, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм яжриӀащ: – ФынакӀуэ, гуэлым дызэпрывгъэкӀ.


Нобэ губгъуэм щыгъагъэу, пщэдей хьэкум ирадзэжыну удзыр Тхьэм апхуэдизу егъэлеяуэ щигъэщӀэращӀэкӀэ, абы нэхърэ куэдкӀэ нэхъыбэу фигъэщӀэрэщӀэнукъэ фэ, фӀэщхъуныгъэ зи мащӀэхэр?


Апхуэдэу щыхъум, ахэр Хьисэ къыбгъэдыхьэщ, къагъэушри, жаӀащ: – Гъуазэ, гъуазэ, докӀуэд. Хьисэ къызэфӀэувэщ, борэнышхуэми толъкъунхэми егийри, зэтригъэувыӀащ, щыми хъужащ.


Галилей хэкум къыпэщылъ хэкуу Гадарэ зи цӀэ къалэр зэрытым кхъуафэжьеймкӀэ нэсащ ахэр.


– Уэ фӀэщхъуныгъэ уиӀэмэ, Тхьэм и щӀыхьышхуэр зэрыплъагъунур бжесӀатэкъэ? – къыжриӀащ Хьисэ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan