Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 8:18 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

18 Аращи, фызэрыдаӀуэ щӀыкӀэм фыкӀэлъыплъыж. Ар хэти ирехъу, зиӀэм нэхъыбэ къритынущ Тхьэм, ауэ зыри зимыӀэм иӀэу и гугъэри Ӏихыжынущ абы.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

18 Аращи, фызэрыдаӀуэ щӀыкӀэм фыкӀэлъыплъ. Сыту жыпӀэмэ зиӀэ дэтхэнэми Тхьэм къыхущӀигъунущ, зимыӀэ дэтхэнэми иӀэу къыфӀэщӀри Тхьэм Ӏихыжынущ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 8:18
25 Iomraidhean Croise  

– Ар хэтуи ирехъу, зиӀэм нэхъыбэ къритынущ Тхьэм, къелыжу хуигъэбэгъуэнущ, ауэ зимыӀэм иӀэ тӀэкӀури Ӏихыжынущ Тхьэм.


Ар хэти ирехъу, зиӀэм нэхъыбэ къритынущ Тхьэм икӀи къелыжу хуигъэбэгъуэнущ. Ауэ зимыӀэм иӀэ тӀэкӀури Ӏихыжынущ Тхьэм.


– Ауэ Даниил бегъымбарыр зытепсэлъыхьа «Зэхэзыкъутэ ГущыкӀыгъуэр» здэщыт мыхъун щӀыпӀэм щыту щыфлъагъукӀэ, (еджэм ар къыгурыреӀуэ), Иудей хэкум ис цӀыхухэр Ӏуащхьэхэм ирекӀуэлӀэж.


«Сэ нывжызоӀэ, ар хэти ирехъу, зиӀэм нэхъыбэ къритынущ Тхьэм, ауэ зыри зимыӀэм иӀэ тӀэкӀури Ӏихыжынущ Тхьэм», жиӀащ пщым.


– Мы псалъэхэр фигу ивгъэлъ: ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр цӀыхухэм яӀэщӀыхьэнущ.


Си къудамэхэм ящыщу зыри къызыпымыкӀэр пеупщӀ абы; къызыпыкӀэ къудамэ дэтхэнэри еухъуэнщӀ, нэхъыбэ къыпыкӀэн щхьэкӀэ.


Асыхьэтуи ныпкӀэлъызгъэкӀуащ. УкъызэрыкӀуар фӀыуэ пщӀащ. Зиусхьэным къыпхуищӀа унафэм дедэӀуэну псори Тхьэм и пащхьэм дитщ иджы.


Фессалоникэ дэсхэм нэхърэ, Верие дэсхэм щыпкъагъэ нэхъ яхэлът. Тхьэм и псалъэхэм я гуапэу еувэлӀащ. Паул жиӀахэр Тхьэм и псалъэу тхахэм техуэрэ темыхуэрэ зэхагъэкӀын щхьэкӀэ, Тхьэм и псалъэу тхахэм махуэ къэси хэплъэрт.


Тхьэм и нэфӀыр сэ къызэрысщыхуам щхьэкӀэ, фэ фщыщ дэтхэнэми жызоӀэ: зыкъыфӀэмыщӀыж икӀи зумыгъэин, ауэ Тхьэм уэ къыпхуигъэфэща фӀэщхъуныгъэм и щапхъэм тету зэхэщӀыкӀ уиӀэу зэплъыж.


ЦӀыху гуэрым и гум Тхьэм езым и псалъэхэр кърилъхьэурэ, ахэр жиӀэну лъэкӀыныгъэ иӀэу къыфӀэщӀмэ, е Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр и гум илъу и гугъэмэ, мы ныфхуэстхыр Зиусхьэным зэриунафэр къыгурыреӀуэ.


Зыми и щхьэ къремыгъэпцӀэж. Фэ фщыщ гуэрым мы лъэхъэнэм акъылыфӀагъэ иӀэу зилъытэжмэ, акъылыфӀагъэ имыӀэу ирехъу, акъылыфӀагъэ пэж иӀэн щхьэкӀэ.


ЦӀыху гуэрым щӀэныгъэ иӀэу къыфӀэщӀми, зэрищӀэн хуейм хуэдизу, иджыри ищӀэркъым.


Апхуэдэу щытми, сэри апхуэдэ Ӏуэхухэм сащыгугъын слъэкӀынт. ЦӀыху гуэр пкъым епха Ӏуэхухэм ящыгугъ хъуну къыфӀэщӀмэ, сэ а цӀыхум нэхърэ а Ӏуэхухэм нэхъ сащыгугъ хъунущ.


Апхуэдэу зэрыщытым къыхэкӀкӀэ, Тхьэм и гъуэгум дытемыкӀын щхьэкӀэ, зэхэтха псалъэхэм куэду ди нэӀэ ятедгъэтын хуейщ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan