Лукас 8:14 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр14 НэгъуэщӀ цӀыху гупыр банэхэм яхэлъэлъа жылэм хуэдэщ. Ахэрщ Тхьэм и псалъэхэр зэхэзыххэр, ауэ мы дунейм щызекӀуэ гугъуехьхэмкӀи, беягъэмкӀи, гъащӀэм и тхъэгъуэхэмкӀи хуэм-хуэмурэ зрагъэтхьэлэ. Абыхэми фӀыгъуэ къапыкӀыркъым. Faic an caibideilФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ14 Банэм хэхуа жылэр Тхьэм и псалъэр зэхэзыххэрщ. Ауэ зэманыр и пӀэм иткъыми, апхуэдэ цӀыхухэр гъащӀэм пыщӀа гугъуехьхэм, мылъку къэлэжьыным, зыгъэтхъэжыным хущӀагъэхьэркъым. Ахэр зи къуэпсыр зымыдз къэкӀыгъэм хуэдэу къонэ. Faic an caibideil |
Мэссихь теухуа, япэ дыдэ фагъэщӀа Ӏуэхухэм дыблэвгъэкӀи, зи ныбжь нэса цӀыхухэм зэрагъэщӀэн хуей Ӏуэхухэм захуэдвгъэгъазэ. Ди фӀэщхъуныгъэм и лъабжьэхэр аргуэру дывмыгъэгъэтӀылъыж. А лъабжьэ хъужыр мыращ: ЛӀэныгъэ къызыхэкӀыну Ӏуэху мыхъумыщӀэу фщӀахэм фахущӀегъуэжыныр, ТхьэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ фиӀэныр;