Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 8:12 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

12 ЦӀыхухэм ящыщ зы гупыр гъуэгум телъэлъа жылэм хуэдэщ. Ахэрщ Тхьэм и псалъэхэр зэхэзыххэр, ауэ шейтӀаныр къакӀуэм, абыхэм фӀэщхъуныгъэ яримыгъэгъуэтурэ, а псалъэхэр я гум ирехыж, Тхьэм ахэр къримыгъэлын щхьэкӀэ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

12 Гъуэгум техуа жылэр Тхьэм и псалъэр зэхэзых цӀыхухэрщ, ауэ иужькӀэ Ӏиблисыр абыхэм къахуокӀуэри, зэхаха псалъэр яфӀедыгъу, фӀэщхъуныгъэ ямыгъуэтын, къемылын щхьэкӀэ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 8:12
13 Iomraidhean Croise  

Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм и хъыбарыр зыгуэрым зэхихрэ, ар къыгурымыӀуэмэ, шейтӀаныр къокӀуэри, а цӀыхум игу илъ жылэфӀыр ирехыж. Мыр гъуэгум телъэлъа жылэм хуэдэщ.


Здисэм, жылэм щыщ гъуэгум телъэлъащ. Къуалэбзухэр къэлъатэри, ар ящыпащ.


ЦӀыхухэм ящыщу зы гупыр гъуэгум телъэлъа жылэм хуэдэщ. Абыхэм Тхьэм и псалъэхэр зэрызэхахыу, шейтӀаныр къокӀуэри, я гум илъ хъуа псалъэр ирехыж.


– Ущие хъыбарым къикӀыр мыращ: Жылэр Тхьэм и псалъэрщ.


Адрей цӀыху гупыр мывалъэм хэлъэлъа жылэм хуэдэщ. Ахэрщ Тхьэм и псалъэхэр зэрызэхахыу а псалъэхэр щыгуфӀыкӀыурэ зыщтэр, ауэ абыхэм лъабжьэ яӀэкъым. ФӀэщхъуныгъэм и гъуэгу куэдрэ теткъым. Я фӀэщхъуныгъэм и щыпкъагъэр гъэунэхуа щыхъукӀэ, фӀэщхъуныгъэм и гъуэгу токӀыж.


– Жылэ исэну лӀы гуэр дэкӀащ. Здисэм, жылэм щыщ гъуэгум телъэлъащ. ЦӀыхухэм ар лъэгукӀэ хаутэри, къуалэбзухэм ящыпащ.


Благъуэжь абрагъуэр щӀылъэм кърадзыхащ – иблису икӀи шейтӀану жыхуаӀэ блэжьу щӀылъэм тет цӀыху псори дэзыщэхыр аращ. Ари абы и мелыӀычхэри щӀылъэм кърадзыхащ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan