Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 8:10 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

10 – Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм и щэхухэр фщӀэну абы хуитыныгъэ къывитащ фэ, – жиӀащ Хьисэ, – ауэ нэгъуэщӀ цӀыхухэм ущие хъыбархэмкӀэ сопсалъэ. Аращи, «еплъ пэтми, абыхэм ялъагъунукъым, даӀуэ пэтми, къагурыӀуэнукъым».

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

10 – Тхьэм и Тепщэныгъэм и щэхухэр фщӀэну хуит фищӀащ фэ Тхьэм, – жиӀащ Хьисэ. – Ауэ адрей цӀыхухэм щӀагъыбзэущ ар зэрызэхахынур икӀи «еплъ пэтми ялъагъунукъым, зэхах пэтми къагурыӀуэнукъым».

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 8:10
24 Iomraidhean Croise  

И псалъэм къыпищэу, Хьисэ жиӀащ итӀанэ: – Си Адэ, уафэмрэ щӀылъэмрэ я Зиусхьэн. Мы Ӏуэхухэр цӀыху губзыгъэхэмрэ цӀыху Ӏущхэмрэ ящыбгъэпщкӀуурэ, сабийхэм зэребгъэщӀамкӀэ фӀыщӀэ пхузощӀ.


– Гъуэгу махуэ утеуващ, уэ Инус и къуэ Симон, – жриӀащ Хьисэ абы. – Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ мыр зэхозыгъэщӀыкӀар цӀыхуракъым, атӀэ си Адэу уафэм щыӀэр арщ.


– Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм и щэхухэр фщӀэну абы хуитыныгъэ къывитащ, – яжриӀащ Хьисэ, – ауэ адрей цӀыхухэм ущие хъыбархэмкӀэ Ӏуэхугъуэ псори ялъоӀэс.


Аращи, «абыхэм я нэхэмкӀэ еплъ пэтми, зыри ялъагъунукъым, я тхьэкӀумэхэмкӀэ даӀуэ пэтми, зыри къагурыӀуэнукъым. Апхуэдэу щымытамэ, Тхьэм деж къагъэзэжынт, Тхьэм абыхэм я гуэныхьхэр яхуигъэгъунт».


«Тхьэм абыхэм анэхэр нэф ищӀащ, ягухэри ерыщ иригъэкӀуащ. Аращи, я нэхэмкӀэ ялъагъуркъым, ягухэмкӀи зэхащӀыкӀыркъым, Тхьэм игъэхъужын щхьэкӀи абы деж къагъэзэжыркъым».


А Псэ ЛъапӀэращ цӀыхухэм ахэр ящӀэну лъэкӀыныгъэ къезытыр. Щхьэхуэ-щхьэхуэу, зэрыхуейм тету Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр лъэкӀыныгъэ псоми къарет.


Хуабжьу сыщӀэлажьэр а цӀыхухэр згъэгушхуэн, фӀылъагъуныгъэкӀэ зэнэзэпсэ сщӀын щхьэкӀэщ. Апхуэдэу Тхьэм и щэхуу Мэссихьыр къащӀэн щхьэкӀэ, уасэшхуэ зиӀэ зэхэщӀыкӀ нэсауэ яӀэ хъунущ.


Зэрышэчыншэщи, ди фӀэщхъуныгъэм хэлъ щэхур инщ: Тхьэр цӀыхуу къэлъэгъуащ. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм абы и щыпкъагъэр къигъэнэхуащ, мелыӀычхэм заригъэлъэгъуащ. И ӀурыщӀэхэм абы и хъыбарыр хамэ лъэпкъхэм ирагъэщӀащ. Дунейм тет цӀыхухэм абыкӀэ фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъуащ. ЩӀыхьышхуэ иӀэу, Тхьэм ар уафэм дрихьеижащ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan