Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 7:6 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

6 Абыхэм я гъусэу кӀуащ Хьисэ. Дзэ пашэм и унэм пэгъунэгъу щыхъум, абы и ныбжьэгъухэр къыпригъажьэри, Хьисэ къажрыригъэӀащ: – Зи щӀыхь ин, гугъу зумыгъэхь, си унэм уэ уныщӀыхьэну сэ схуэфащэкъым.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

6 Хьисэ абыхэм я гъусэу ежьащ. ЗдэкӀуэм щынэблагъэм, дзэзешэм и ныбжьэгъухэр Хьисэ къыпригъажьэри, мыпхуэдэу къыжрыригъэӀащ: – Зи щӀыхьыр ин, гугъу зумыгъэхь, си унэ укъихьэну схуэфащэкъым сэ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 7:6
15 Iomraidhean Croise  

Сахуэфащэкъым сэ зэкӀэ фӀыгъуэрэ пэжыгъэрэ пщӀэуэ Уэ сэ, Уи ӀурыщӀэм, къысхуэпщӀахэм; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ сэ си башыр сӀыгъыу сызэпрыкӀащ мы Иордан псым; атӀэми иджы сэ гупитӀ мылъку яӀэу си гъусэщ.


ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр къыщӀэкӀуар цӀыхухэм я сэбэп зригъэкӀын щхьэкӀэкъым, атӀэ езым и сэбэп цӀыхухэм яригъэкӀын икӀи цӀыху куэдым щхьэкӀэ и псэр щхьэщэхужу итын папщӀэщ.


– Фи гуэныхьхэм фызэрыхущӀегъуэжар нахуэ фшӀын щхьэкӀэ, сэ фызоумэхъ, ауэ си ужькӀэ къэкӀуэнум сэр нэхърэ нэхъ лъэкӀыныгъэшхуэ иӀэнущ. Абы и вакъэзехьэу сыхуэхъунуи схуэфащэкъым сэ. Абы Тхьэм и Псэ ЛъапӀэкӀи мафӀэкӀи фиумэхъынущ фэ.


Арати, Хьисэ абы и гъусэу кӀуащ. ЦӀыху гупышхуэ Хьисэ къыеувэкӀыурэ, Хьисэ щӀыгъуу кӀуэрт.


Ар щилъагъум, Хьисэ и лъабжьэм зыщӀидзэри, Симон Петр жиӀащ: – ЗбгъэдэкӀ, Зиусхьэн, сэ сыцӀыху гуэныхьщӀакӀуэщ.


Хьисэ деж къакӀуэри, хуабжьу къелъэӀуащ ахэр: – Уэ ар абы хуэпщӀэну хуэфащэщ,


абы ди лъэпкъыр фӀыуэ елъагъу, ди синэгуэгури тхуиухуащи.


Ар зэрысхуэмыфащэм щхьэкӀэ, уи деж си щхьэкӀэ сынэкӀуэнуи сытегушхуакъым. Ауэ зы псалъэ закъуэ жыӀэ, унафэ щӀыи, си унэӀутыр хъужынщ.


Хьисэ здэпсалъэм, синэгуэгу пашэм и унэм къыщӀэкӀа гуэр къыбгъэдыхьэри къыжриӀащ абы: – Уи пхъур дунейм ехыжащ. Дин егъэджакӀуэр гугъу йомыгъэхь.


Назарет щыщ Хьисэ и хъыбарыр фощӀэ. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэмрэ къаруушхуэмрэ абы къыхуригъэхащ. Тхьэр абы и гъусэу зэрыщытам щхьэкӀэ, Ӏуэху щхьэпэ ищӀэурэ, шейтӀаным и къарукӀэ хигъэзыхьа цӀыху псори игъэхъужу щытащ.


Тхьэм и пащхьэм зыщывгъэлъахъши, езым фыкъиӀэтынущ.


Ауэ ди гум илъым нэхърэ Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэр нэхъ инщ. Аращи, Тхьэм и псалъэу тхахэм мыпхуэдэу хэтщ: «Тхьэр поув пагагъэ зи гум илъ цӀыхум, и нэфӀ щохуэ пагагъэ зи гум имылъым».


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan