Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 7:41 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

41 – ЩӀыхуэ зыт лӀы гуэрым и щӀыхуэ цӀыхуитӀым ятелът, зым динар щитху, адрейм тхущӀ, – жиӀащ Хьисэ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

41 – ЛӀы гуэрым и щӀыхуэ цӀыхуитӀым ятелът. Зым дыжьын ахъшэ щитху, адрейм тхущӀ телът, – жиӀащ Хьисэ. –

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 7:41
17 Iomraidhean Croise  

– А унэӀутыр щӀэкӀыжри, адрей унэӀутхэм ящыщу езым и динарищэ* щӀыхуэу зытелъым щыхуэзэм, «Си щӀыхуэр къызэтыж» жиӀэщ, къиубыдри итхьэлэу хуежьащ.


Мыхъуну тщӀар къытхуэгъэгъу, мыхъун къыдэзыщӀахэм дэ зэрахуэдгъэгъум хуэдэу.


– Фэ вгъашхэ ахэр, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм. – ДыкӀуэу, динар щитӀым и уасэ щӀакхъуэ къэтщэхун, мы цӀыхухэм едгъэшхын щхьэкӀэ? – къеупщӀащ адрейхэр.


Дэ гуэныхьу тщӀахэр къытхуэгъэгъу, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ мыхъун къыдэзыщӀэ дэтхэнэми дэри худогъэгъури. ШейтӀаным гуэныхь дигъэлэжьыну хуит умыщӀ, абы дыщыхъумэ».


И тепщэр зыхуейр имыщӀэу, тезыр зыхуэфащэ Ӏуэхухэр зылэжьам нэхъ удын мащӀэщ къытехуэнур. Куэд зритам куэд къитыжынкӀэ щыгугъынущ Тхьэр, зи ӀэмыщӀэ куэд ирилъхьам нэхъ куэдыжкӀэ щыгугъынущ.


Е Силоам зи цӀэ щӀыпӀэм ит бэтэгъейр къызэтеуэу щӀипӀытӀа цӀыху пщыкӀуийр Ерусалим дэс цӀыху псоми нэхърэ нэхъ къуаншэу фи гугъэ?


– Симон, зыгуэр ныбжесӀэнщ, – жриӀащ Хьисэ а лӀым. – КъызжеӀэ, дин егъэджакӀуэ, – жэуап иритыжащ Симон.


Абы къыхэкӀкӀэ уэ ныбжызоӀэ, фӀылъагъуныгъэшхуэ игу илъщи, абы и гуэныхь куэдыр къыхуэгъуащ. Ауэ мащӀэу зыхуэгъуам игу фӀылъагъуныгъэ мащӀэщ илъыр.


сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ цӀыху псоми гуэныхь ящӀащ, Тхьэм деж къикӀ щӀыхьышхуэмкӀи Ӏыхьэ яӀэкъым.


Торэт хабзэр къыщыкӀуэм, гуэныхьхэр нэхъ куэд хъуащ. Гуэныхьхэр нэхъ куэд щыхъум, Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэри нэхъ ин хъуащ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan