Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 7:40 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

40 – Симон, зыгуэр ныбжесӀэнщ, – жриӀащ Хьисэ а лӀым. – КъызжеӀэ, дин егъэджакӀуэ, – жэуап иритыжащ Симон.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

40 Хьисэ лӀым жриӀащ: – Симэн, Сэ зыгуэр бжесӀэну сыхуейщ. – КъызжеӀэ, ущиякӀуэ, – жиӀащ Симэн.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 7:40
16 Iomraidhean Croise  

Иудэ зэрынэсу, бгъэдыхьэри: – ФӀэхъус апщи, Равви,* – жиӀэри, Хьисэ ба хуищӀащ.


ЦӀыху куэдым мыпхуэдэу къызжаӀэнущ а махуэм: «Зиусхьэн! Зиусхьэн! Тхьэм езым и псалъэу ди гум кърилъхьар уэ уи цӀэкӀэ жытӀэу щытакъэ, уэ уи цӀэкӀи жин бзаджэхэр цӀыхухэм яхэтхужу щытакъэ, Ӏуэху телъыджэ куэд уэ уи цӀэкӀэ тщӀэуэ щытакъэ?»


Хьисэ пашэ гуэр къеупщӀащ: – Дин егъэджакӀуэфӀ, мыкӀуэдыжын гъащӀэ ӀыхьэфӀ къыслъысын щхьэкӀэ, сыт сщӀэн хуейр?


Абыхэм ягукӀэ жаӀэр ищӀэрти, Хьисэ яжриӀащ: – Сыт фэ фигукӀэ апхуэдэ щӀыжыфӀэр?


– Узыншэхэракъым дохутыр хуэныкъуэр, атӀэ сымаджэхэращ, – яжриӀащ Хьисэ.


Ауэ абыхэм я гум илъыр ищӀэрти, Хьисэ зи Ӏэр гъуа лӀым жриӀащ: – Къэтэджи, мы утыкум къиувэ. Къэтэджыри, лӀыр утыкум къиуващ.


Хьисэ къезыгъэблэгъа фарисейм ар щилъагъум, игукӀэ жиӀащ: – Мыр бегъымбару щытатэмэ, мы къеӀуса цӀыхубзыр зыхуэдэр, ар гуэныхьыщӀэ цӀыхубз псэжьу зэрыщытыр къищӀэнт.


– ЩӀыхуэ зыт лӀы гуэрым и щӀыхуэ цӀыхуитӀым ятелът, зым динар щитху, адрейм тхущӀ, – жиӀащ Хьисэ.


Фэ «Дин егъэджакӀуэкӀэ» икӀи «ЗиусхьэнкӀэ» фыкъызоджэ; жыфӀэр пэжщ, апхуэдэуи сыщытщ.


Ахэр къеупщӀыну зэрыхуейр къищӀати, Хьисэ яжриӀащ: – «Куэд мыщӀэу сыфлъагъужынукъым, итӀани куэд мыщӀэу аргуэру сыфлъагъужынущ» жысӀа псалъэхэм къикӀымкӀэ фызэупщӀыжрэ?


– Уэ псори зэрыпщӀэри, цӀыху гуэрым игу илъыр пщӀэн щхьэкӀэ, а цӀыхур къоупщӀыну узэрыхуэмыныкъуэри иджы долъагъу. Абы къыхэкӀкӀэ, Тхьэм уэ узэрыщыщыр ди фӀэщ мэхъу.


Хьисэ деж жэщу къакӀуэри, абы къыжриӀащ: – Равви, уэ Тхьэм къыбгъэдэкӀа дин егъэджакӀуэу узэрыщытыр дощӀэ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэр имыгъусэмэ, уэ къэбгъэлъагъуэ нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэр къигъэлъэгъуэн зыми лъэкӀынукъым.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan