Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 7:39 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

39 Хьисэ къезыгъэблэгъа фарисейм ар щилъагъум, игукӀэ жиӀащ: – Мыр бегъымбару щытатэмэ, мы къеӀуса цӀыхубзыр зыхуэдэр, ар гуэныхьыщӀэ цӀыхубз псэжьу зэрыщытыр къищӀэнт.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

39 Хьисэ езыгъэблэгъа фарисейм ар щилъагъум, игукӀэ мыпхуэдэу жиӀащ: «Мыр бегъымбару щытатэмэ, къеӀусэ цӀыхубзыр зи щӀысыр, икӀи ар зэрыгуэныхьщӀакӀуэр ищӀэнт».

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 7:39
25 Iomraidhean Croise  

(ИтӀанэ Хьисэ щӀигъужащ:) – Апхуэдэу я ужь итхэр япэ ищынущ, япэ итхэри я ужь къинэнущ; къеблэгъахэр куэдщ, ауэ хэплъыхьауэ яхэтыр мащӀэщ.


– Ар Хьисэщ, Галилей хэкум щыщ Назарет къикӀа бегъымбарырщ, – жаӀэрт цӀыхубэм.


– Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ цӀыхум и кӀуэцӀымрэ и гумрэщ мыхэр къызэрыкӀыр: гупсысэ бзаджэхэр, зинэ щӀэныр, дыгъуэныр, цӀыху укӀыныр,


Арати, егупсысри, и щхьэм хужиӀэжащ: «Сыт сщӀэнур? Си гъавэр зэрыслъхьэн гуэн сиӀэкъым».


Ауэ фарисейхэмрэ торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ я мыгуапэу жаӀащ: – Мы лӀым гуэныхь зыщӀэхэр зригъэгъусэщ икӀи абыхэм ядошхэ.


– «Сыт сщӀэнур?» – жиӀащ игукӀэ унэзехьэм. «Си тепщэм си ӀэнатӀэр сӀехыж. ЩӀы къэстӀыну къару схурикъун сиӀэкъым, сылъэӀуэнуи соукӀытэ.


– Ауэ фызабэр зыщӀэлъэӀур хуимыщӀэурэ, зэманыфӀ екӀуэкӀащ. ИтӀанэ игукӀэ жиӀащ: «Сэ Тхьэм сыщымышынэми, цӀыхухэм сащымыукӀытэми,


Фи гуэныхьхэм фахущӀегъуэжи, абы хуэфащэ ӀуэхуфӀхэр влэжь. «Ибрэхьимщ дэ ди адэр», жывмыӀэххэ. Сэ нывжызоӀэ, Тхьэм хузэфӀэкӀынущ мы мывэхэм Ибрэхьим щхьэкӀэ бын къахухигъэхъукӀыну.


ЦӀыхухэр зэрыгъэщтэжащ абдежым икӀи Тхьэм щӀыхь хуащӀу жаӀащ: – Бегъымбарышхуэ къытхэкӀащ. Тхьэр и лъэпкъым нэфӀкӀэ къеплъащ.


Къалэм щыщ гуэныхьыщӀэ цӀыхубз псэжь гуэрым Хьисэ фарисейм и унэм щышхэну зэреблэгъар къищӀащ. Алавастрэ зи цӀэ мывэм къыхэщӀыкӀауэ, зы барщыбэ, дагъэ лъапӀэ иту, къыздихьри къэкӀуащ ар.


Хьисэ и щӀыбагъкӀэ къыщыбгъэдыхьэри, апхуэдизкӀэ хуабжьу гъати, и нэпсхэмкӀэ Хьисэ и лъакъуэхэр псыф ищӀащ. Абы и щхьэцымкӀэ Хьисэ и лъакъуэхэр илъэщӀыжащ, и лъакъуэхэм ба яхуищӀащ, дагъэ лъапӀэм щыщи щихуащ.


– Симон, зыгуэр ныбжесӀэнщ, – жриӀащ Хьисэ а лӀым. – КъызжеӀэ, дин егъэджакӀуэ, – жэуап иритыжащ Симон.


– Зи щӀыхь ин, уэ узэрыбегъымбарыр къэсщӀащ, – къыжриӀащ цӀыхубзым.


Абы щыӀэ цӀыху гупышхуэхэм Хьисэ теухуауэ куэд жаӀэурэ, зэӀущащэрт. Абыхэм ящыщ гуэрхэм жаӀэрт: – Ар цӀыхуфӀщ. – Хьэуэ, ар цӀыхуфӀкъым, цӀыхухэр гъуэгу захуэм трегъэкӀ, – жаӀэрт нэгъуэщӀхэми.


Арати, журтхэм нэфу щытар етӀуанэу къраджэри, жраӀащ: – Тхьэм фӀыщӀэ хуэщӀ. Мы лӀыр зэрыгуэныхьыщӀэр дэ дощӀэ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan