Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 7:37 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

37 Къалэм щыщ гуэныхьыщӀэ цӀыхубз псэжь гуэрым Хьисэ фарисейм и унэм щышхэну зэреблэгъар къищӀащ. Алавастрэ зи цӀэ мывэм къыхэщӀыкӀауэ, зы барщыбэ, дагъэ лъапӀэ иту, къыздихьри къэкӀуащ ар.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

37 А жылэм гуэныхьщӀакӀуэу къыщацӀыху цӀыхубз гуэрым Хьисэ фарисейм и унэм зэреблэгъар къыщищӀэм, алавастрэкӀэ зэджэ мывэм къыхэщӀыкӀа бащирыбэм иту мэ дахэ къызыхих дагъэ лъапӀэ здищтэщ, фарисейм и унэм щӀыхьэри,

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 7:37
18 Iomraidhean Croise  

– Хэт а тӀум щыщу адэр зыхуейр зыгъэзэщӀар? – Япэр арщ, – къыжраӀащ абыхэм. – Пэжыр нывжызоӀэ, – яжриӀащ Хьисэ, – хьэкътын ахъшэр хэзыххэмрэ псэжьхэмрэ фэ фяпэ щӀыхьэнущ Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм.


– Ауэ хьэкътын ахъшэр хэзыхыр жыжьэу увауэ, и нэхэмкӀэ уафэм дэплъеин къудей темыгушхуэу, и бгъэгум еуэу, Тхьэм елъэӀурт: «Си Тхьэ, сэ, цӀыху гуэныхьыщӀэм, гущӀэгъу къысхуэщӀ».


Ар щалъагъум, цӀыхухэм мыарызыуэ жаӀащ: – Гуэныхь зыщӀэ цӀыхум и унэ хьэщӀэу ихьащ.


Ар щалъагъум, фарисейхэмрэ торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм губгъэн хэлъу жраӀащ: – Хьэкътын ахъшэр хэзыххэмрэ гуэныхь зыщӀэхэмрэ сыт фащӀыдэшхэ-фащӀыдефэр?


– Щыпкъагъэ зигу илъ цӀыхухэр къезджэн папщӀэкъым сыкъыщӀэкӀуар, атӀэ гуэныхь зыщӀэхэр я гуэныхьхэм хущӀегъуэжыным къыхуезджэн щхьэкӀэщ.


ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр къэкӀуащ. Ар машхэ икӀи йофэ. «Ешхэн-ефэныр зи щӀасэу, хьэкътын ахъшэр хэзыххэмрэ гуэныхь зыщӀэхэмрэ я ныбжьэгъущ», жывоӀэ.


Фарисейхэм ящыщ гуэрым Хьисэ игъэшхэну иригъэблэгъащ. Фарисейм и унэм щӀыхьэри, Хьисэ Ӏэнэм пэрытӀысхьащ.


А Мэриемыр арщ дагъэ лъапӀэр Зиусхьэным и лъакъуэхэм щызыхуэу, и щхьэцымкӀэ зылъэщӀыжар. Мэрием и дэлъху Лазарт сымаджэр.


Арати, журтхэм нэфу щытар етӀуанэу къраджэри, жраӀащ: – Тхьэм фӀыщӀэ хуэщӀ. Мы лӀыр зэрыгуэныхьыщӀэр дэ дощӀэ.


– Дэ дощӀэ Тхьэр гуэныхьыщӀэ цӀыхухэм зэремыдаӀуэр, Тхьэм и фӀэлӀыкӀ зи гум илъу, Тхьэм игъуэу илъытэ Ӏуэхухэр зылэжьыращ Тхьэр зэдаӀуэр.


Ауэ фӀылъагъуныгъэу къытхуиӀэр Тхьэм мыпхуэдэу къигъэлъэгъуащ: Дэ иджыри дыгуэныхьыщӀэми, Мэссихь дэр щхьэкӀэ лӀащ.


Мы псалъэхэр пэжщ, ахэр ящтэну цӀыху псоми яхуэфащэщ: Гуэныхь зыщӀэхэр мыкӀуэду къригъэлын щхьэкӀэ, Мэссихь Хьисэ мы дунейм къэкӀуащ. Абыхэм ящыщу япэ итыр сэращ.


Щыпкъагъэ зигу илъ цӀыхухэм щхьэкӀэ хабзэр зэрамыгъэувар дощӀэ, хабзэр зыхуагъэувахэр мыхэращ: Хабзэм текӀхэмрэ хабзэм пэувхэмрэ, Тхьэм и фӀэлӀыкӀ зи гум имылъхэр, гуэныхь зыщӀэхэр, зи гур мыкъабзэхэр, Тхьэр зымыгъэлъапӀэхэр, адэ-анэхэр зыукӀыжхэр, лӀыукӀхэр,


«Щыпкъагъэ зигу илъ цӀыхухэр ерагъкӀэ мыкӀуэду къелмэ, Тхьэм и фӀэлӀыкӀ зи гум имылъхэми гуэныхь зыщӀэхэми я Ӏуэху дауэ зэрыхъунур»?


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan