Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 7:29 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

29 Хьисэ и псалъэм къедаӀуэу щыт цӀыху псоми, хьэкътын ахъшэр хэзыххэри абыхэм яхэту, Тхьэм и псалъэхэр захуэу ялъытащ. Ахэращ Иуан зезыгъэумэхъар.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

29 Хьисэ и псалъэр щызэхахым, цӀыху къызэхуэсахэми, уеблэмэ тезыр ахъшэ къыхэзыххэми Тхьэм и мурадхэр захуэу ялъытащ, сыту жыпӀэмэ абыхэм Яхья зрагъэумэхъакӀэт.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 7:29
15 Iomraidhean Croise  

ЦӀыхур зэрыбгъэунэхъуным уогупсыс, уи бзэгур сэ жан зэщӀэлъыкӀам хуэдэщ уэ, хьилагъэ зезыхьэм!


ФӀыуэ фыкъэзылъагъухэм фӀэкӀа фӀыуэ фымылъагъужмэ, сыт хуэдэ ӀыхьэфӀ фызыщыгугъыр? Хьэкътын ахъшэр хэзыххэм ар дыдэр ящӀэркъэ?


– Ауэ «ЦӀыхухэращ Иуан къэзыгъэкӀуар», жытӀэмэ, цӀыху псори мывэкӀэ къыдэуэурэ, даукӀынущ, Иуан зэрыбегъымбарыр я фӀэщ мэхъури.


Хьэкътын ахъшэр хэзых цӀыхухэр, зрагъэумэхъын щхьэкӀэ, Иуан деж къакӀуэри къеупщӀащ: – Дин егъэджакӀуэ, дэ сыт тщӀэн хуейр?


– Сэ нывжызоӀэ, цӀыхубзхэм къалъхуахэм щыщу умэхъакӀуэ Иуан нэхърэ нэхъ лъапӀэ щыӀэкъым. Апхуэдэу щыт пэтми, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀэт цӀыхухэм я нэхъ цӀыкӀури Иуан нэхърэ нэхъ лъапӀэщ.


Тхьэм и акъылыфӀагъэр зыщта цӀыху псоми а акъылыфӀагъэр ягъэщыпкъэ.


Зиусхьэным и гъуэгум теухуа хъыбарым фӀыуэ щыгъуазэт. Гурэ псэкӀэ къэпсалъэурэ, пэжыгъэм тету, Хьисэ и хъыбарыр цӀыхухэм яригъащӀэрт. Апхуэдэу щыт пэтми, умэхъын хабзэу Иуан зытепсэлъыхьу щытам нэмыщӀ, нэгъуэщӀ умэхъын хабзэ зэрыщыӀэр ищӀэртэкъым.


Умэхъын хабзэу зефхьэм къикӀыр сыт? – еупщӀащ Паул абыхэм. – Иуан зытепсэлъыхьа умэхъын хабзэрщ, – къыжаӀащ абыхэм.


Тхьэм цӀыхухэм щыпкъагъэ яӀэу зэрилъытэ гъуэгур къагурымыӀэу, езыхэм я гъуэгукӀэ Тхьэм щыпкъагъэ яӀэу зэрилъытэнум и ужь иту зэрыщытам щхьэкӀэ, Тхьэм щыпкъагъэ яӀэу зэрилъытэ гъуэгур ядакъым.


Тхьэм хуэлажьэ Мусэмрэ Щынэмрэ я уэрэдыр жаӀэрт: «ЛъэкӀыныгъэшхуэ псори зиӀэ Зиусхьэну Тхьэ, уэ блэжь Ӏуэхухэр Ӏуэхушхуэщ икӀи Ӏуэху гъэщӀэгъуэныщэщ. Уи гъуэгухэр гъуэгу захуэщ икӀи гъуэгу пэжщ, уэ цӀыху лъапӀэхэм урапащтыхьщ.


Псыхэм я тепщэ мелыӀычым мыпхуэдэу жиӀэу зэхэсхащ итӀанэ: «Уэ, Зиусхьэну щыӀауэ икӀи щыӀэр, узахуэщ икӀи улъапӀэщ, апхуэдэ хьэкумхэр зэрыпщӀам щхьэкӀэ,


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan