Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 7:28 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

28 – Сэ нывжызоӀэ, цӀыхубзхэм къалъхуахэм щыщу умэхъакӀуэ Иуан нэхърэ нэхъ лъапӀэ щыӀэкъым. Апхуэдэу щыт пэтми, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀэт цӀыхухэм я нэхъ цӀыкӀури Иуан нэхърэ нэхъ лъапӀэщ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

28 НывжызоӀэ, фызхэм къалъхуахэм щыщу Яхья нэхърэ нэхъ ин мы дунейм къытехьакъым. Ауэ Тхьэм и Тепщэныгъэм и жьауэ щӀэтхэм я нэхъ цӀыкӀу дыдэр Яхья нэхърэ нэхъ инщ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 7:28
13 Iomraidhean Croise  

– Пэжыр нывжызоӀэ, цӀыхубзхэм къалъхуам щыщу умэхъакӀуэ Иуан нэхърэ нэхъ ин щыӀэкъым. Апхуэдэу щыт пэтми, Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀэт цӀыхухэм ящыщу я нэхъ цӀыкӀури Иуан нэхърэ нэхъ лъапӀэщ.


А махуэхэм къэкӀуауэ, Иудей хэкум и губгъуэ нэщӀым цӀыхухэр Тхьэм и псалъэхэм щригъэдаӀуэурэ,


– Сэ псымкӀэ фызоумэхъ, ауэ сэр нэхърэ нэхъ лъэкӀыныгъэшхуэ зиӀэ гуэр си ужькӀэ къэкӀуэнущ, – яжриӀащ Иуан псоми. – Абы и вакъэ лъэпсхэр хуэстӀэтэнуи сэ схуэфащэкъым. Абы Тхьэм и Псэ ЛъапӀэкӀи мафӀэкӀи фэ фиумэхъынущ.


Ар Тхьэм и псалъэу тхахэм зи хъыбар мыпхуэдэу яхэт лӀыкӀуэрщ: «Мис, сэ си лӀыкӀуэр уяпэ къихуэу нэзгъэкӀуэнурэ, абы уи гъуэгур пхуигъэпсынущ».


Хьисэ и псалъэм къедаӀуэу щыт цӀыху псоми, хьэкътын ахъшэр хэзыххэри абыхэм яхэту, Тхьэм и псалъэхэр захуэу ялъытащ. Ахэращ Иуан зезыгъэумэхъар.


– Мы сабийр сэ си цӀэкӀэ езыгъэблагъэ дэтхэнэми сэ сригъэблэгъауэ мэхъу, сэ сезыгъэблагъэ дэтхэнэми сэ сыкъэзыгъэкӀуари иригъэблэгъауэ мэхъу, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фэ фщыщу нэхъ цӀыкӀуращ нэхъ ин дыдэр.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan