Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 7:24 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

24 Иуан и лӀыкӀуэхэр ежьэжа нэужь, Хьисэ цӀыху гупышхуэхэм Иуан теухуауэ яжриӀэу щӀидзащ: – Губгъуэ нэщӀым фыщихьам, сыт флъагъуну фи гугъар? Жьым игъэщэнауэ къамыл флъагъун фи гугъа?

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

24 Яхья къигъэкӀуахэм ягъэзэжа нэужь, абы и гугъу цӀыхубэм яхуищӀын щӀидзащ Хьисэ: – Къумым фыщӀэкӀуар сытыт? Жьым игъэсыс къамылым хуэдэу таучэлмыщӀ цӀыху феплъыну арат фыщӀэкӀуар?

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 7:24
14 Iomraidhean Croise  

Ауэ уэ псы къиуам ещхь ухъуащ, уефӀэкӀынукъым абыхэм. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ уилъащ уи адэм и гъуэлъыпӀэм; уэ буцӀэпӀащ си гъуэлъыпӀэр, абы уигъуалъхьэри.


Сабийр къэхъури, игукӀи и псэкӀи зиужьащ. Израил цӀыхухэм я пащхьэм къыщихьэну махуэм нэсыху, губгъуэ нэщӀым исащ ар.


Аннэрэ Кайафэрэ дин пашэшхуэт. А махуэхэращ Зэчрей и къуэ Иуану губгъуэ нэщӀым щыпсэууэ щытам Тхьэм и псалъэхэр къыщыхуехар.


Гъуэгу махуэ теуващ зи гум мыхъун сэр щхьэкӀэ къэзымыгъэкӀыр.


Армырамэ, сыт флъагъун фи гугъар, абы фыщихьам? Дахэу хуэпа цӀыху гуэрт? Дахэ дыдэу хуэпауэ, къулейуэ псэухэр зыщӀэсыр пащтыхьхэм я унэшхуэхэрщ.


– Ешайа бегъымбарым «Зиусхьэным и гъуэгур занщӀэ фщӀы, жиӀэурэ губгъуэ нэщӀым джэ макъ гуэр къыщоӀу» жыхуиӀэ макъыр сэращ, – жиӀащ Иуан.


Толъкъунхэм адэ-мыдэкӀэ дызэрадзэу, сабийм дыхуэдэжынкъым итӀанэ, цӀыху гуэрхэм адрей цӀыхухэм ирагъащӀэ хъыбархэм я жьыбгъэ псоми дызэрахуэжыфынукъым. Адрей цӀыхухэр дэшэхыным хуэӀэзэ цӀыхухэм я пцӀыр къытхэзэгъэжынукъым итӀанэ.


А цӀыхухэр псынэ гъужам икӀи жьышхуэм зэрихуэ пшэхэм яхуэдэщ. МыкӀуэдыжын кӀыфӀыгъэм и кууупӀэр Тхьэм абыхэм Ӏыхьэ яхуищӀащ.


Аращи, фӀыуэ слъагъухэ, мыр фызэрагъэӀущащи, Тхьэм и унафэхэм текӀ цӀыхухэм я гъуэгу пхэнжхэм фызэрытемыхьэнми щыпкъагъэу фызытетым фызэрытемыкӀыжынми фыхуэсакъ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan