Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 7:22 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

22 – Вгъэзэжи, – яжриӀащ Хьисэ лӀыкӀуэхэм, – флъэгъуамрэ зэхэфхамрэ Иуан хуэфӀуэтэж: Нэфхэр къоплъэж, лъашэхэр тэрэзу зекӀуэ, уэшын уз зыпкърытхэр узыншэ, дэгухэм зэхах мэхъуж, лӀахэр къотэджыж, тхьэмыщкӀэхэм хъыбарыфӀыр къалъоӀэс.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

22 – Вгъэзэжи, – яжриӀащ Хьисэ къэкӀуахэм, – флъэгъуамрэ зэхэфхамрэ Яхья хуэфӀуэтэж: нэфхэм я нэр къоплъэж, щӀакъуэхэм я лъэр зэроубыдыж, уэшын уз зэфыкӀхэм я щӀыфэр къабзэ мэхъуж, дэгухэм я тхьэкӀумэр къеутӀыпщыж, лӀахэр къотэджыж, тхьэмыщкӀэхэм Тхьэм и хъыбарыфӀыр хуаӀуатэ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 7:22
31 Iomraidhean Croise  

Уафэм пшэ къытрегъэхьэ Абы, уэшхыр щӀым щхьэкӀэ къегъэхьэзыр, Ӏуащхьэхэм удз къыщегъэкӀ;


Нэфхэр къоплъэж, лъашэхэр тэрэзу зекӀуэ, уэшын уз зэфыкӀхэр узыншэ, дэгухэм зэхах мэхъуж, лӀахэр къотэджыж, тхьэмыщкӀэхэм хъыбарыфӀыр къалъоӀэс.


Хьисэ Тхьэм и унэшхуэм щӀэту, нэфхэмрэ лъашэхэмрэ къакӀуэри, абдежым щигъэхъужащ.


«Зиусхьэным и Псэ ЛъапӀэр сигу илъ хъуащ; Тхьэм дагъэ лъапӀэр къысщихуащи. КъыщӀысщихуар тхьэмыщкӀэхэм хъыбарыфӀыр яхуэсӀуэтэн папщӀэкӀэщ. Зи гур кӀуэдахэм ягу къызэфӀэзгъэувэжыну, щхьэхуит зэрыхъужынум и хъыбар лъэхъуэщым щӀэсхэм езгъэщӀэну, нэфхэр къэзгъэплъэжынуи, гугъуехь зытелъхэр щхьэхуит сщӀыжынуи Тхьэм сыкъигъэкӀуащ.


А зэманым сымаджэ куэди, узыфэ Ӏей зэфыкӀ куэди, жин бзаджэм иӀыгъ цӀыху куэди Хьисэ игъэхъужырт. ЦӀыху нэф куэди къигъэплъэжырт.


Гъуэгу махуэ теуващ зи гум мыхъун сэр щхьэкӀэ къэзымыгъэкӀыр.


– Назарет фӀыгъэ зыхэлъ гуэр къыдэкӀын? – къеупщӀащ Нафанаил. – КъакӀуи, еплъ! – жриӀащ абы Филипп.


Ахэр кӀыфӀыгъэм къыхэкӀыу, нэхугъэм зыкъыхуагъэзэн икӀи шейтӀаным и тепщэныгъэм къыщӀэкӀыу, Тхьэм и ӀэмыщӀэ зралъхьэн щхьэкӀэ, я нэхэр къэбгъэплъэжыну, абыхэм я деж узогъакӀуэ. СэркӀэ фӀэщхъуныгъэ зэраӀэм щхьэкӀэ гуэныхьу ящӀар къахуэгъунущ итӀанэ икӀи Тхьэм и ӀэмыщӀэ зезылъхьа цӀыхухэм ӀыхьэфӀу къалъысынур абыхэми къалъысынущ».


сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ цӀыху куэд зыӀыгъ жин бзаджэхэр кӀийуэ яхэкӀырт, зи пкъыуэ хъуа цӀыху куэди лъашэхэри Филипп игъэхъужырт.


Си къуэш лъапӀэхэ, фыкъэдаӀуэ! Мы дунейм и цӀыху тхьэмыщкӀэхэракъэ Тхьэм къыхихар, фӀэщхъуныгъэмкӀэ къулеигъэ пэжыр ягъуэтыжын, Тхьэр фӀыуэ зылъагъухэр къызэригъэгугъа тепщэныгъэшхуэмкӀэ я ӀыхьэфӀыр къалъысын щхьэкӀэ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan