Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 7:21 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

21 А зэманым сымаджэ куэди, узыфэ Ӏей зэфыкӀ куэди, жин бзаджэм иӀыгъ цӀыху куэди Хьисэ игъэхъужырт. ЦӀыху нэф куэди къигъэплъэжырт.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

21 Хьисэ зигу къыдэмыж, сымаджэ куэд игъэхъужырт а зэманым, жин бзаджэхэр цӀыхухэм къахихужырт, нэф куэдми я нэр къигъэплъэжырт.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 7:21
12 Iomraidhean Croise  

Галилей хэкур зэрыщыту къызэхикӀухьурэ, Хьисэ Тхьэм и псалъэхэр цӀыхухэм синэгуэгухэм щаригъащӀэрт, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм теухуа хъыбарыфӀым ахэр щригъэдаӀуэрт, дэтхэнэ сымаджагъэрэ узрэ зиӀэри игъэхъужырт.


Арати, Хьисэ теухуа хъыбарыр Сирие хэку псом щызэлъащӀысащ. Узыфэ зэмылӀэужьыгъуэхэр къызэфыкӀ сымаджэ псори цӀыхухэм къыхуашэрт абы; жин бзаджэм иӀыгъхэри, къэмэххэри, пкъыуэ хъуахэри игъэхъужырт.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Хьисэ цӀыху куэд игъэхъужырти, уз зыпкърыт цӀыху псоми зыкъыхуадзырт, абы къеӀусэн щхьэкӀэ.


Хьисэ зэреӀусэу, цӀыхубзым лъы щӀэкӀыныр увыӀащ икӀи зэрыхъужар езым и ӀэпкълъэпкъымкӀэ зыхищӀащ.


– Си хъыджэбз! – жриӀащ абы Хьисэ. – Уи фӀэщхъуныгъэм уигъэхъужащ. Гъуэгу махуэ, уигу ирезагъэ, уи узыфэр Тхьэм пщхьэщихауэ узыншэу упсэу!


Хьисэ деж щынэсым, а тӀум жаӀащ: – ДыноупщӀыну умэхъакӀуэ Иуан уи деж дыкъигъэкӀуащ: «Уэра къэкӀуэн хуейр, хьэмэрэ нэгъуэщӀ гуэрым дыпэплъэн хуей?» жиӀэри.


сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Зиусхьэным фӀыуэ илъагъу цӀыхур ӀурыщӀэ ещӀ, и быным хуэдэу ищтэ дэтхэнэми гугъуехь ирегъэшэч».


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan