Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 7:14 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

14 Пхъэмбейм бгъэдыхьэри, абы теӀэбащ итӀанэ. Хьэдэр зыхьхэр къэувыӀащ. Хьисэ жиӀащ: – Си щӀалэ, уэ бжызоӀэ, къызэфӀэувэ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

14 ИтӀанэ бгъэдыхьэри, кхъаблэм еӀусащ. Хьэдэр зыхьхэр къыщыувыӀэм, Хьисэ жиӀащ: – НыбжьыщӀэ, уэращ зыжесӀэр, къэтэдж.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 7:14
20 Iomraidhean Croise  

Зиусхьэныр зыхуэдэр фыуплъэкӀуи, зэрыфӀыр флъагъунщ. Гъуэгу махуэ теуващ щхьэегъэзыпӀэкӀэ Абы зыхуэзыгъазэр.


Хъыджэбз цӀыкӀум и Ӏэр иубыдри, жриӀащ: – Талифэ кум! (Абы къикӀыр: «Си хъыджэбз, сэ ныбжызоӀэ, къызэфӀэувэ!»)


Зиусхьэным фызабэр щилъагъум, игу щӀэгъури жриӀащ: – Умыгъ, ди анэ!


ЩӀалэ лӀар къэтэджыжри, псалъэу щӀидзащ, Хьисэи ар и анэм иритыжащ.


Аращи, Хьисэ ищӀам и хъыбарыр Иудей хэку псоми абы и Ӏэхэлъахэ псоми щызэлъащӀысащ.


– ЛӀахэр къэзыгъэтэджыжу гъащӀэ езытыр сэращ; сэркӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэр лӀэми, псэунущ;


Адэ лъапӀэм лӀахэр къызэригъэтэджыжым икӀи къызэригъэпсэужым хуэдэу, абы и Къуэми езыр зыхуей цӀыхухэр къегъэпсэуж.


Пэж дыдэр нывжызоӀэ, лӀахэм Тхьэм и Къуэм и макъыр зэхахыу, езым едаӀуэхэми гъащӀэ щагъуэтыну махуэр къэсынущ икӀи къэсакӀэщ.


Тхьэм Ибрэхьим къыжриӀауэ, Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу: «Лъэпкъ куэдым адэ уахуэхъуну узгъэуващ». Тхьэм дежкӀэ Ибрэхьим дэ псоми ди адэщ. Тхьэращ Ибрэхьим фӀэщхъуныгъэ зыхуиӀар – Тхьэуэ лӀахэр къэзыгъэхъужым, и лъэкӀыныгъэкӀи щымыӀэ Ӏуэхухэр къэзыгъэхъум.


Апхуэдэ цӀыхухэм ялэжь Ӏуэху щэхухэм я гугъу пщӀын къудейри емыкӀущ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan