5 Хьисэ яжриӀащ итӀанэ: – ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр щэбэт махуэми и зиусхьэнщ.
5 Хьисэ ар жиӀэри, мыр къыпищащ: – ЦӀыхум и Къуэр щэбэтым и тепщэщ.
Хьисэ яжриӀащ итӀанэ: – Тхьэм щэбэт махуэр цӀыхум щхьэкӀэ игъэуващ, цӀыхур щэбэт махуэм щхьэкӀэкъым къыщӀигъэщӀар.
Зы пшэ Ӏэрамэ къакӀуэри, абыхэм къащхьэщыхьащ абы и ужькӀэ. А пшэм зы макъ къыхэӀукӀащ: – Мыращ сэ фӀыуэ слъагъу си Къуэ щӀасэр. Абы жиӀэм федаӀуэ.
– Тхьэм и унэм щӀыхьэщ, Тхьэм и пащхьэм цӀыхухэм иралъхьа щӀакхъуэр къищтэри ишхащ абы, и гъусэхэми яригъэшхащ. ХабзэмкӀэ дин пашэхэм фӀэкӀ нэгъуэщӀ гуэрым а щӀакхъуэр ишх мыхъуну щытащ.
НэгъуэщӀ щэбэт махуэ гуэрым Хьисэ, синэгуэгум щӀыхьауэ, цӀыхухэм Тхьэм и псалъэхэр яригъащӀэрт. Зи Ӏэ ижьыр гъуа лӀы гуэр абы щӀэтт.
Зиусхьэным и махуэм Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр къысхуехащ. Бжьамиишхуэм и макъым хуэдэ макъышхуэ гуэрым къыжиӀэу си щӀыбагъкӀэ щызэхэсхащ: «Алфэри Омегэри, япэрейри иужьрейри сэращ.