36 Фи Адэ лъапӀэм гущӀэгъу зэриӀэм хуэдэу, фэри гущӀэгъу зивгъыӀэ.
36 Фи Адэ лъапӀэм хуэдэу гущӀэгъулыуэ фыщыт.
Аращи, фи Адэ лъапӀэу уафэм щыӀэм и щыпкъагъэм щыщӀагъэ лъэпкъ хэмылъу, ар нэгъэсауэ зэрыщытым хуэдэу, фи щыпкъагъэми щыщӀагъэ лъэпкъ хэмылъу, фэ цӀыху нэгъэсауэ фыщытын хуейщ.
Фи бийхэр фӀыуэ флъагъу, абыхэм фӀы яхуэфщӀэ, къыфхуащӀэжынкӀэ фащымыгугъыу щӀыхуэ ефт. Апхуэдэу фщӀымэ, Тхьэм къыфхуигъэфэщэну ӀыхьэфӀыр ин хъунущ, Тхьэуэ Лъагэм и бынуи фыщытынущ; фӀыр зыхуэдэр зыгурымыӀуэ цӀыхухэми, цӀыху бзаджэхэми Тхьэр фӀыуэ яхущытщи.
– Хьэкум зыми тевмыщӀыхьи, Тхьэми хьэкум фэ къыфтрищӀыхьынукъым. Зыри фымыгъэкъуанши, Тхьэми фигъэкъуэншэнукъым. ЦӀыхухэм яхуэвгъэгъу, Тхьэм фэри къыфхуигъэгъунущ.
Сыт хуэдэ гужьгъэжьри, къызэщӀэплъэнри, губжьынри, кӀий-гуоунри, цӀыхухэм ӀейкӀэ ятепсэлъыхьынри, сыт хуэдэ бзаджагъэри зыхэвныж.
Ауэ уафэм къикӀ акъылыфӀагъэр, япэрауэ къабзэщ, итӀанэ зэкӀужыныгъэ хэлъщ, гущабэщ, ӀурыщӀэщ, гущӀэгъу хэлъ зэпытщ, фӀы ищӀэ зэпытщ, захуэщ, гъэпцӀагъи хэлъкъым.