Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 5:8 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

8 Ар щилъагъум, Хьисэ и лъабжьэм зыщӀидзэри, Симон Петр жиӀащ: – ЗбгъэдэкӀ, Зиусхьэн, сэ сыцӀыху гуэныхьщӀакӀуэщ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

8 Симэн Питрэс ар щилъагъум, Хьисэ и пащхьэм лъэгуажьэмыщхьэу иувэри жриӀащ: – Зи щӀыхьыр ин, сыкъэбгынэ, сэ сыгуэныхьлыщ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 5:8
19 Iomraidhean Croise  

Ар щызэхахым, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэр хуабжьу къэшынэри, щӀым бгъэгукӀэ зытрадзащ.


Унэм щыщӀыхьэм, сабийри абы и анэ Мэриемри ялъэгъуащ. Щалъагъум, сабийм и пащхьэм лъэгуажьэмыщхьэу зыщрадзыхри, ягъэлъэпӀащ. Я пхъуантэхэр зэтрахри, дыщэ, ладан, смирнэ тыгъэу иратащ.


– Зи щӀыхь ин, си унэм уэ уныщӀыхьэну схуэфащэкъым, – къыжриӀащ дзэ пашэм, – ауэ зы псалъэ закъуэ жыӀэ, унафэ щӀыи, си унэӀутыр хъужынщ.


Адрей кхъуафэжьейм ис я ныбжэгъухэм Ӏэ хуащӀащ къакӀуэу къадэӀэпыкъуну. Ахэр къакӀуэри, кхъуафэжьеитӀыр щӀилъэфэным нэсыху, бдзэжьейр из ящӀащ.


Апхуэдэу щӀыжиӀар апхуэдизкӀэ бдзэжьей куэд къаубыдат, езыри адрей и гъусэхэри гужьеигъуэм хэхуати, аращ.


Мэрием Хьисэ здэщыӀэм къакӀуэри, Хьисэ щилъагъум, и лъабжьэм зыщӀидзэри къыжриӀащ: – Зиусхьэн, уэ мыбы ущыӀатэмэ, си дэлъхур лӀэнтэкъым.


Ӏуэху псори ӀупщӀу уэзымыгъэлъагъу гъуджэм диплъэм хуэдэщ иджыпстукӀэ, ауэ а махуэ гъэувам псори ӀупщӀу тлъагъунущ, ди пащхьэ ит цӀыхур ӀупщӀу зэрытлъагъум хуэдэу. Си щӀэныгъэр нэгъэсауэ щыткъым иджыкӀэ, ауэ а махуэм псори сщӀэнущ, Тхьэм щыпкъэу сызэрищӀэм хуэдэу.


Ар щыслъагъум, лӀам хуэдэу, и пащхьэм сиджэлащ. И Ӏэ ижьыр къыстрилъхьэри къызжиӀащ абы итӀанэ: «Умышынэ, япэрейри иужьрейри сэращ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan