Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 5:32 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

32 – Щыпкъагъэ зигу илъ цӀыхухэр къезджэн папщӀэкъым сыкъыщӀэкӀуар, атӀэ гуэныхь зыщӀэхэр я гуэныхьхэм хущӀегъуэжыным къыхуезджэн щхьэкӀэщ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

32 – ЦӀыху щыпкъэхэракъым, атӀэ гуэныхьлыхэрщ тобэ къэхьыжыным къыхуезджэну сакъызыхуэкӀуар.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 5:32
26 Iomraidhean Croise  

– Фысакъ, мы цӀыкӀухэм ящыщ зыри нэмыплъ евмыт; сэ нывжызоӀэ, мы цӀыкӀухэм я мелыӀыч уафэгурысхэм си Адэу уафэм щыӀэм и нэгур зэпымыууэ ялъагъури.


ФыкӀуи, Тхьэм жиӀа мы псалъэхэм къарыкӀыр зэвгъащӀэ: «Къурмэн щӀыныракъым сызыхуейр, атӀэ гущӀэгъурщ». Щыпкъагъэ зигу илъ цӀыхухэр къезджэну папщӀэкъым сыкъыщӀэкӀуар, атӀэ гуэныхь зыщӀэхэр я гуэныхьхэм хущӀегъуэжыным къыхуезджэн щхьэкӀэщ.


Пилат апхуэдэу щӀеупщӀар дин пашэшхуэхэм Хьисэ ефыгъуэу абы къызэрыӀэщӀалъхьар ищӀэрти, аращ.


А махуэхэм лъэхъуэщым щӀэст Вараввэ зи цӀэ лӀы гуэр, абы щӀыгъут зэрыхьзэриишхуэм цӀыху щызыукӀа и дэрэгъухэр.


Ар щызэхихым, Хьисэ жиӀащ: – Узыншэхэракъым дохутыр хуэныкъуэр, атӀэ сымаджэхэращ. Щыпкъагъэ зигу илъ цӀыхухэр къезджэн папщӀэкъым сыкъыщӀэкӀуар, атӀэ гуэныхь зыщӀэхэр я гуэныхьхэм хущӀегъуэжыным къыхуезджэн щхьэкӀэщ.


Сэ нывжызоӀэ, абы ещхьыркъабзэу, гуэныхь зыщӀауэ щӀегъуэж цӀыхум Тхьэм и мелыӀычхэр хуэгуфӀэнущ.


Сэ нывжызоӀэ, абы ещхьыркъабзэу, гуэныхь хущӀегъуэжыным хуэмыныкъуэ, щыпкъагъэ зигу илъ цӀыху бгъущӀрэ бгъум папщӀэ уафэм щыӀэну гуфӀэгъуэм нэхърэ зи гуэныхьхэм хущӀегъуэж гуэныхьыщӀэ закъуэм щхьэкӀэ уафэм нэхъ гуфӀэгъуэшхуэ щыӀэнущ.


ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр къыщӀэкӀуар кӀуэдыпӀэ ихуа цӀыхухэр къилъыхъуэурэ, мыкӀуэду къригъэлыну аращ.


Ерусалим къыщыщӀэдзауэ дунейм тет лъэпкъ псори хиубыдэу, сэ, Мэссихьым, си цӀэкӀэ цӀыхухэр мы хъыбарым щрагъэдэӀуэнущ: Фи гуэныхьхэм фахущӀегъуэжи, Тхьэм ахэр къыфхуигъэгъунущ.


– Узыншэхэракъым дохутыр хуэныкъуэр, атӀэ сымаджэхэращ, – яжриӀащ Хьисэ.


Фарисейхэмрэ торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ Хьисэ къыжраӀащ: – Иуан и гъуэгу ирикӀуэхэр нэщӀ исырейщ икӀи Тхьэм йолъэӀу, фарисейхэм я гъуэгу ирикӀуэхэри аращ, ауэ уэ уи гъуэгу ирикӀуэхэр машхэ икӀи йофэ.


БлэкӀа зэманхэм, цӀыхухэм щӀэныгъэ ямыӀэу щыщытам, Тхьэр абыхэм нэ ӀейкӀэ къеплъыгъакъым, атӀэ цӀыху псоми, дэнэ щыӀэми, я гуэныхьхэм хущӀегъуэжыну унафэ къахуещӀ иджы;


– Фи гуэныхьхэм фахущӀегъуэжи, Хьисэ Мэссихь и цӀэкӀэ псоми зыдвгъэумэхъ, Тхьэм фи гуэныхьхэр къыфхуигъэгъун щхьэкӀэ, – яжриӀащ Петр. – Тхьэм и тыгъэу езым и Псэ ЛъапӀэр фи гум кърилъхьэнущ итӀанэ.


Гуэныхьу ящӀахэм хущӀегъуэжу Тхьэм зыхуагъэзэжынуи Зиусхьэн ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зрагъэӀэнуи журтхэмрэ алыджхэмрэ быдэу яхуэзгъэуващ.


Аращи, Тхьэм фэ гуэныхьу фщӀахэр къыфхуигъэгъун щхьэкӀэ, абыхэм фахущӀегъуэжи, Тхьэм и гъуэгу фытехьэ.


Тхьэм езым и Къуэр къыщигъэлъагъуэм, лъэпкъхэм ящыщу япэ дыдэу къызыхуигъэкӀуар фэращ, фэ фщыщ дэтхэнэри и гъуэгу мыхъумыщӀэм трыригъэгъэкӀыу и нэфӀ къыщригъэхуэн щхьэкӀэ.


Израил цӀыхухэм ятелъ гуэныхьхэмкӀэ щӀригъэгъуэжу, ахэр къахуигъэгъун щхьэкӀэ, Тхьэм Хьисэ Зиусхьэну икӀи КъегъэлакӀуэу уафэм дришеижри, езым и ижьырабгъумкӀэ зыбгъэдигъэтӀысхьащ.


ЦӀыху гуэрхэм къазэрыщыхъум хуэдэу, Зиусхьэным цӀыхухэр къызэригъэгугъар игъэзэщӀэныр хигъэтӀэсэнукъым. Тхьэм шыӀэныгъэ къыфхуиӀэщ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ зы цӀыхуи кӀуэдыну хуэмейуэ, цӀыху псори я гуэныхьхэм хущӀегъуэжыну хуейщ ар.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan