Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 5:29 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

29 Левий и унэм гухэхъуэ Ӏэнэ Хьисэ щыхутригъэуващ итӀанэ. Хьэкътын ахъшэр хэзыххэри нэгъуэщӀ хьэщӀэ куэди Ӏэнэм пэрыст.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

29 ИтӀанэ Лэуий и унэм Хьисэ Ӏэнэшхуэ къыщыхуигъэуващ. Тезыр ахъшэ къыхэзых гупышхуи нэгъуэщӀ цӀыху Ӏэджи пэрыст Ӏэнэм.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 5:29
9 Iomraidhean Croise  

ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр къэкӀуащ. Ар машхэ икӀи йофэ. «Ешхэн-ефэныр зи щӀасэу, хьэкътын ахъшэр хэзыххэмрэ гуэныхь зыщӀэхэмрэ я ныбжьэгъущ», хужаӀэ абы. АрщхьэкӀэ Тхьэм и акъылыфӀагъэм къыхэкӀа къэхъукъащӀэхэм а акъылыфӀагъэр ягъэщыпкъэ.


ФӀыуэ фыкъэзылъагъухэм фӀэкӀа фӀыуэ фымылъагъужмэ, сыт хуэдэ ӀыхьэфӀ фызыщыгугъыр? Хьэкътын ахъшэр хэзыххэм ар дыдэр ящӀэркъэ?


Хьисэ Маттэ и унэм щӀэсу здэшхэм, хьэкътын ахъшэр хэзыххэмрэ гуэныхь зыщӀэхэмрэ къэкӀуэурэ куэд хъуауэ, Хьисэрэ абы и гъуэгу ирикӀуэхэмрэ ядэшхэрт.


АдэкӀэ кӀуэурэ, хьэкътын ахъшэр щыхах унэм деж щысу Маттэ зи цӀэ лӀы гуэр илъэгъуащ Хьисэ. – Си ужь къиувэ, – жриӀащ абы Хьисэ. Маттэ къэтэджри, Хьисэ и ужь иуващ.


ИтӀанэ Хьисэ Левий и унэм здыщӀэсым, хьэкътын ахъшэр хэзыххэмрэ гуэныхьыщӀэхэмрэ куэд хъуауэ, Хьисэрэ абы и гъуэгу ирикӀуэхэмрэ ядэшхэрт. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Хьисэ и ужь иту къэкӀуахэр цӀыху куэд хъурти, аращ.


Хьэкътын ахъшэр хэзыххэри гуэныхь зытелъхэри, къанэ щымыӀэу, Хьисэ едэӀуэну къекӀуэлӀащ.


Хьисэ пщыхьэщхьэшхэ къыхуагъэхьэзыращ, Марфэ бысымгуащэу къащхьэщытт. Хьисэ и гъусэу Ӏэнэм пэрысхэм Лазар яхэст.


ФӀэщхъуныгъэ зимыӀэ гуэрым фигъэшхэну фригъэблэгъамэ икӀи фыкӀуэну фыхуеймэ, гурыщхъуэ фымыщӀу Ӏэнэм къытралъхьэр фшхы.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan