Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 5:21 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

21 Ар щыжиӀэм, торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ фарисейхэмрэ ягукӀэ жаӀащ: – Хэт мыр? Тхьэр игъэпцӀыркъэ? Тхьэм фӀэкӀ, хэт гуэныхьхэр игъэгъун зылъэкӀынур?

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

21 Ар щызэхахым, теурэт егъэджакӀуэхэми фарисейхэми ягукӀэ мыпхуэдэу жаӀащ: «Тхьэр зыгъэикӀэ мыр хэт хъуну? Тхьэм нэмыщӀ, хэт гуэныхьхэр зыгъэгъуну хуитыр?»

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 5:21
23 Iomraidhean Croise  

псы щӀыӀум уи псэупӀэ щыбогъэув, пшэхэр уи хьэрыгъажэщ, жьыбгъэ дамэхэмкӀэ къыбокӀухь Уэ.


Абы и щӀасэщ щыпкъагъэр, захуагъэр, Зиусхьэным и лъагъуныгъэ мыкӀуэдыж щӀыгум тезщ.


И гъуэлъыпӀэм абы гухэлъ бзаджэхэр щызэхелъхьэ, гъуэгу мыгъуэм тохьэ, е лэжьыным зыщидзеижыркъым абы.


Дин пашэшхуэм и щыгъынхэр зэфӀитхъащ абдежым. – Тхьэр игъэпцӀащ, – жиӀащ абы. – Сыт нэгъуэщӀ щыхьэт дыщӀыхуеижыр? Мис, Тхьэр зэригъэпцӀар зэхэфхащ.


Ар Хьисэ щыжиӀэм, торэт егъэджакӀуэ пашэхэм ящыщ гуэрхэм ягукӀэ жаӀащ: – Мы лӀым Тхьэр егъэпцӀ.


Фи гуэныхьхэм фахущӀегъуэжи, абы хуэфащэ ӀуэхуфӀхэр влэжь. «Ибрэхьимщ дэ ди адэр», жывмыӀэххэ. Сэ нывжызоӀэ, Тхьэм хузэфӀэкӀынущ мы мывэхэм Ибрэхьим щхьэкӀэ бын къахухигъэхъукӀыну.


Хьисэ цӀыхухэм Тхьэм и псалъэхэр яригъащӀэрт махуэ гуэрым. Галилей, Иудей хэкухэм щыщ жылагъуэ псоми, Ерусалими къикӀа фарисейхэри торэт егъэджакӀуэ пашэхэри Хьисэ къедаӀуэ цӀыхухэм яхэст. Сымаджэхэр игъэхъужыну Зиусхьэным и къарур хэлът Хьисэ.


Абыхэм ягукӀэ жаӀэр ищӀэрти, Хьисэ яжриӀащ: – Сыт фэ фигукӀэ апхуэдэ щӀыжыфӀэр?


Адрей хьэщӀэхэм ягукӀэ жаӀащ итӀанэ: – Хэт гуэныхьхэр зыгъэгъу мы лӀыр?


– Ӏуэху телъыджэ уэ зэрыблэжьам щхьэкӀэкъым мывэкӀэ дыноуэрэ удукӀыну дыщӀыхуейр, атӀэ уэ уцӀыху пэт, «Сэ сы-Тхьэщ» жыпӀэурэ, Тхьэр зэрыбгъэпцӀыращ, – къыжраӀэжащ журтхэм.


Хэт зыгъэкъуэншэн зылъэкӀынур Тхьэм къыхиха цӀыхухэр? Тхьэращ абыхэм щыпкъагъэ яӀэу зылъытэр.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan