Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 5:20 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

20 Абыхэм я фӀэщхъуныгъэр щилъагъум, Хьисэ жиӀащ: – Уи гуэныхьхэр къыпхуэгъуащ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

20 Абыхэм я фӀэщхъуныгъэр щилъагъум, Хьисэ сымаджэм жриӀащ: – Уи гуэныхьхэр къыпхуэгъуащ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 5:20
16 Iomraidhean Croise  

– ХуумыӀэт уи Ӏэр ныбжьыщӀэм, йомыщӀэ абы зыри, – жиӀащ мелыӀычым, – сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ иджы Сэ сощӀэ уэ Тхьэм узэрыщышынэр икӀи сэр папщӀэ уи къуэм, уи къуэ закъуэм, узэрыщымысхьар.


Пкъыуэ хъуа лӀы гуэр, алэрыбгъум телъу, Хьисэ деж къахьащ. Абыхэм я фӀэщхъуныгъэр щилъагъум, Хьисэ пкъыуэ хъуа лӀым жриӀащ: – Умыдзыхэ, си щӀалэ! Уи гуэныхьхэр къыпхуэгъуащ.


Сытыра нэхъ тыншыр «Уи гуэныхьхэр къыпхуэгъуащ» жыпӀэныра, хьэмэрэ «Къэтэджи, ежьэж» жыпӀэныр ара?


Абыхэм я фӀэщхъуныгъэр щилъагъум, Хьисэ пкъыуэ хъуа лӀым жриӀащ: – Си щӀалэ, уи гуэныхьхэр къыпхуэгъуащ.


Хьисэ цӀыхубзым жриӀащ итӀанэ: – Уи гуэныхьхэр къыпхуэгъуащ.


ЦӀыхум теухуауэ зыгуэр зэригъэщӀэн щхьэкӀэ цӀыху гуэр щыхьэт къытехъуэну Хьисэ хуэныкъуэтэкъым, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ цӀыхухэм ягу илъыр езым ищӀэрти.


А лӀым Тхьэм и унэшхуэм щрихьэлӀэри, Хьисэ абы жриӀащ: – Мис, уэ ухъужащ. Нэхъей къыпщымыщӀын щхьэкӀэ, гуэныхь зыхэлъ умыщӀэ дяпэкӀэ.


Варнавэ Антиохием кӀуэри, Тхьэм и нэфӀыр абыхэм къазэрыщыхуэр щилъагъум, гуфӀащ, емыщу Зиусхьэным гурэ псэкӀэ хуэпэжыну яхуигъэуващ.


Паул щыпсалъэм, а лӀыр едаӀуэрт. И нэхэр лӀым триубыдэри, хъужыну абы фӀэщхъуныгъэ иӀэу щилъагъум,


Фэ зыхуэвгъэгъу цӀыхум сэри хузогъэгъу. Сэ згъэгъуа Ӏуэхур, згъэгъун Ӏуэху щыӀауэ щытмэ, си фӀагъ фэзгъэкӀын щхьэкӀэ, Мэссихь и пащхьэм щызгъэгъуащ,


Зым зыр ирешыӀэ икӀи зым зым гукъанэ гуэр хуиӀэмэ, зэхуэвгъэгъу. Мэссихь къызэрыфхуигъэгъуам хуэдэу, фэри зэхуэвгъэгъу.


Зыгуэрым къыжиӀэнкӀэ хъунщ: – Уэ фӀэщхъуныгъэ уиӀэщ, сэ фӀыщӀагъэхэр сиӀэщ. Апхуэдэ цӀыхум сэ жесӀэнщ: – ФӀыщӀагъэхэр зыщӀымыгъу уи фӀэщхъуныгъэр сыгъэлъагъу, сэ фӀыуэ злэжьымкӀэ си фӀэщхъуныгъэр уэзгъэлъагъунущ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan