Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 5:2 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

2 Псы Ӏуфэм кхъуафэжьеитӀ Ӏуту Хьисэ илъэгъуащ абдежым. Абыхэм къикӀауэ, бдзэжьеящэхэм яхъхэр ягъэкъэбзэжырт.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

2 Гуэл Ӏуфэм Ӏут кхъуафэжьеитӀ къилъэгъуащ Хьисэ. Бдзэжьеящэхэр кхъуафэжьейхэм къикӀауэ, яхъхэр ягъэкъэбзэжырт.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 5:2
7 Iomraidhean Croise  

Галилей гуэлым и Ӏуфэм Ӏуту кӀуэурэ, зэшитӀ ирихьэлӀащ Хьисэ. ПетркӀэ зэджэ Симонрэ абы и къуэш Индрисрэт ахэр. Абыхэм хъыр гуэлым хадзэрт, бдзэжьеящэти.


АдэкӀэ кӀуэурэ, нэгъуэщӀ зэшитӀи, Зеведей и къуэхэу Екъубрэ Иуанрэ, ирихьэлӀащ Хьисэ. Абыхэм, я адэ Зеведей я гъусэу, кхъуафэжьейм ису, яхъхэр ягъэхьэзырырт. Хьисэ ахэри къриджащ.


Галилей гуэлым и Ӏуфэм Ӏуту кӀуэурэ, Хьисэ Симонрэ абы и къуэш Индрисрэ хъыр псым хадзэу илъэгъуащ, ахэр бдзэжьеящэти.


Хьисэ адэкӀэ кӀуэурэ, Зеведей и къуэхэу Екъубрэ Иуанрэ, кхъуафэжьейм ису, яхъхэр ягъэхьэзыру ирихьэлӀащ.


Зэгуэрым, Геннисарет гуэлым и Ӏуфэм Ӏуту, Тхьэм и псалъэхэм едэӀуэн щхьэкӀэ, цӀыху гупышхуэ зэхуэсри, Хьисэ къыжьэхэзэрыхьащ.


А кхъуафэжьейхэм языхэзым, Симон ейм, итӀысхьэри, Ӏуфэм тӀэкӀу ӀукӀуэтыну Хьисэ Симон елъэӀуащ. ИтӀанэ кхъуафэжьейм ису, Тхьэм и псалъэхэр цӀыху гупышхуэм яригъащӀэу щӀидзащ.


Иуан Хьисэ теухуауэ жиӀар зэхэзыхыу, Хьисэ и ужь иува лӀитӀым я зыр Симон Петр и къуэш Индрисщ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan