Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 5:17 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

17 Хьисэ цӀыхухэм Тхьэм и псалъэхэр яригъащӀэрт махуэ гуэрым. Галилей, Иудей хэкухэм щыщ жылагъуэ псоми, Ерусалими къикӀа фарисейхэри торэт егъэджакӀуэ пашэхэри Хьисэ къедаӀуэ цӀыхухэм яхэст. Сымаджэхэр игъэхъужыну Зиусхьэным и къарур хэлът Хьисэ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

17 Махуэ гуэрым, Хьисэ цӀыхухэр здиущийм, Гэлилеймрэ Ехьудеймрэ я жылагъуэхэми Ерусэлими къикӀауэ теурэт егъэджакӀуэхэр, фарисейхэр Абы едаӀуэу щыст. Зиусхьэным и къаруушхуэу сымаджэхэр зыгъэхъужыр Хьисэ щӀыгъут.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 5:17
20 Iomraidhean Croise  

Нэфхэр къоплъэж, лъашэхэр тэрэзу зекӀуэ, уэшын уз зэфыкӀхэр узыншэ, дэгухэм зэхах мэхъуж, лӀахэр къотэджыж, тхьэмыщкӀэхэм хъыбарыфӀыр къалъоӀэс.


Ерусалим къикӀа фарисейхэмрэ торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ Хьисэ деж къакӀуэри, къеупщӀащ:


Ауэ а лӀыр ежьэри, къэхъуа псори жиӀэжурэ, зэрыхъужа щӀыкӀэм и хъыбарыр цӀыхухэм яхуиӀуэтэжащ. Абы къыхэкӀкӀэ, цӀыхухэм къалъагъуу Хьисэ къалэ гуэри дыхьэ хъунутэкъым, щӀыпӀэ пхыдзахэм щыӀэт. Ауэ дэни къикӀыурэ, цӀыхухэр абы деж къакӀуэрт.


я ӀэхэмкӀи блэхэр къаубыдынущ; ажал къызыхэкӀын гуэр ефэкӀи, зыри къащыщӀынукъым; абыхэм я Ӏэхэр зытралъхьэ сымаджэхэр хъужынущ.


Ерусалим къикӀа торэт егъэджакӀуэ пашэхэм Хьисэ теухуауэ жаӀэрт: – Велзевул иӀыгъщ ар икӀи жин бзаджэхэм я пашэ а Велзевул и къарукӀэщ жин бзаджэхэр цӀыхухэм абы зэрахихур.


Къару зэрыхэкӀар Хьисэ игукӀэ занщӀэу зыхищӀащ. ЦӀыху гупышхуэм здахэтым, зыкъригъэзэкӀри яжриӀащ: – Хэт си щыгъыным къеӀусар?


Фарисейхэри Ерусалим къикӀа торэт егъэджакӀуэ пашэхэм ящыщхэри Хьисэ деж къыщызэхуэсащ.


Ауэ фарисейхэмрэ торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ я мыгуапэу жаӀащ: – Мы лӀым гуэныхь зыщӀэхэр зригъэгъусэщ икӀи абыхэм ядошхэ.


Махуищ дэкӀа нэужь, Тхьэм и унэшхуэм щӀэсрэ дин егъэджакӀуэхэм яхэсу, абыхэм жаӀэм едаӀуэу икӀи еупщӀу къагъуэтыжащ щӀалэр.


Ар щыжиӀэм, торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ фарисейхэмрэ ягукӀэ жаӀащ: – Хэт мыр? Тхьэр игъэпцӀыркъэ? Тхьэм фӀэкӀ, хэт гуэныхьхэр игъэгъун зылъэкӀынур?


Ар щалъагъум, фарисейхэмрэ торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм губгъэн хэлъу жраӀащ: – Хьэкътын ахъшэр хэзыххэмрэ гуэныхь зыщӀэхэмрэ сыт фащӀыдэшхэ-фащӀыдефэр?


Сымаджэ псори зыгъэхъужыф къару и пкъым къыхэкӀыу зэрыщытам щхьэкӀэ, цӀыху псори хущӀэкъурт Хьисэ зэреӀусэным.


Ауэ фарисейхэмрэ торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ ящӀэн хуейуэ Тхьэм фӀэзахуэр ялэжын ядакъым. Иуан зезыгъэумэхъын зымыдар ахэращ.


– Сэ зыгуэр къызэӀусащ, – жиӀащ Хьисэ. – Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ къару зэрысхэкӀар зыхэсщӀащи.


– Уэ израил дин егъэджакӀуэхэм уащыщщ, ар умыщӀэу ара? – жэуап иритащ Хьисэ.


Ауэ щыпкъагъэр зылэжь дэтхэнэри нэхум йокӀуалӀэ, Тхьэм и псэм зэрыщыщым папщӀэ а Ӏуэхухэр зэрилэжар нахуэ хъун щхьэкӀэ.


Тхьэм Паул Ӏуэху телъыджэ дыдэхэр иригъащӀэрт.


Аращи, уэ уи Къуэ лъапӀэ Хьисэ и цӀэкӀэ сымаджэхэр бгъэхъужыну, нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэр къэбгъэлъэгъуэну икӀи Ӏуэху телъыджэхэр блэжьыну уи Ӏэр къытхуэший!


Ауэ Гамалиил и цӀэу, цӀыху псоми щӀыхь зыхуащӀ фарисей икӀи торэт егъэджакӀуэ пашэ гуэр Тхьэмадэ Хасэшхуэм хэсти, къэтэджри, апостолхэр пэшым щӀашыну унафэ ищӀащ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan