Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 4:8 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

8 Тхьэм и псалъэу тхахэм хэтщ, – жриӀэжащ Хьисэ, – «Зиусхьэну уи Тхьэр бгъэлъапӀэурэ, узыхуэлэжьэн хуейр абы и закъуэщ».

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

8 – Тхыгъэ ЛъапӀэм итщ, – жиӀащ Хьисэ, – «Уи Тхьэу Зиусхьэным и закъуэщ щхьэщэ зыхуэпщӀын икӀи бгъэлъэпӀэн хуейр».

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 4:8
14 Iomraidhean Croise  

Хьисэ Петр зыкъыхуигъазэри жриӀащ: – ЗбгъэдэкӀ, шейтӀан. Уэ пэрыуэгъу укъысхуохъу, уэ уи гупсысэкӀэр Тхьэм и гупсысэкӀэу щыткъым, атӀэ цӀыхум и гупсысэкӀэщи.


– Си ужь икӀ, шейтӀан! – жриӀащ абы Хьисэ. – Тхьэм и псалъэу тхахэм хэтщ: «Зиусхьэну уи Тхьэр бгъэлъапӀэурэ, узыхуэлэжьэн хуейр абы и закъуэщ».


Тхьэм и псалъэу тхахэм хэтщ, – жриӀащ Хьисэ шейтӀаным, – «ЩӀакхъуэ къудейкъым цӀыхур зэрыпсэунур, атӀэ дэтхэнэ псалъэу Тхьэм къыбгъэдэкӀырщ».


Аращи, лъэгуажьэмыщхьэу ууву сэ сыбгъэлъапӀэмэ, мы псори ууей хъунущ.


Аращи, Тхьэм фыхуэӀурыщӀэ. ШейтӀаным фыпэуви, ар фи пащхьэм икӀынурэ щӀэпхъуэжынущ.


ФӀэщхъуныгъэм и гъуэгум фыкъимыкӀуэтыжу фытету, шейтӀаным фыпэув, сыту жыпӀэмэ дунейм тет фи къуэш псоми апхуэдэ гугъуехьхэр зэрашэчыр фэ фощӀэ.


Абы щыгъуэ згъэлъэпӀэну мелыӀычым и лъакъуэхэм я деж зездзыхащ. Ауэ абы къызжиӀащ: – Апхуэдэу умыщӀ. Уэрэ уи къуэшу Хьисэ щыхьэт хуэхъухэмрэ сывигъусэу сэри Тхьэм сыхуолажьэ. Тхьэращ бгъэлъэпӀэн хуейр. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и псалъэхэр бегъымбархэм я гум кърилъхьэу къащӀыжригъэӀар абыхэм Хьисэ теухуа хъыбарыфӀыр къыжаӀэн щхьэкӀэщ.


Апхуэдэу умыщӀэ, – къызжиӀащ абы. – Уэрэ уи къуэш бегъымбархэмрэ, мы тхылъым итхэр зыгъэзащӀэ цӀыху псори срагъусэу, сэри Тхьэм сыхуолажьэ. Тхьэращ бгъэлъэпӀэн хуейр.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan