Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 4:6 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

6 шейтаным къыжриӀащ итӀанэ: – Мы къэралыгъуэхэм я тепщэныгъэ псори щӀыхьышхуэу яӀэри сэ уэ уэстынущ, ахэр си ӀэмыщӀэм илъщ икӀи сэ сызыхуейм естыну сыхуитщи.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

6 мыпхуэдэу къыжриӀащ: – Мы пащтыхьыгъуэхэм я тепщэныгъэри я щӀыхьри Уэ уэстынщ, сыту жыпӀэмэ ахэр псори сэ си ӀэмыщӀэм илъщ икӀи сызыхуейм изот.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 4:6
15 Iomraidhean Croise  

Аращи, лъэгуажьэмыщхьэу ууву сэ сыбгъэлъапӀэмэ, мы псори ууей хъунущ.


– Иджы мы дунейм и цӀыхухэм хьэкум ятрищӀыхьынущ Тхьэм. Мы дунейм и тепщэр тридзынущ абы иджы.


Куэдрэ сынывэпсэлъэжынукъым, мы дунейм и тепщэр къокӀуэри. Абы и Ӏуэху сэ къысхэлъкъым.


Фэ фи адэр шейтӀаныращ. Фи адэр зыхуейращ влэжьыну фызыхуейр. Япэм къыщыщӀэдзауэ ар цӀыхуукӀыу щытщ, щыпкъагъэми теткъым, езым щыпкъагъэ хэлъкъыми. Абы пцӀы щиупскӀэ, игу илъыр жеӀэ, ар пцӀыупсщ, пцӀыр къызыбгъэдэкӀыр аращи.


Ар гъэщӀэгъуэнкъым. Езы шейтӀаным нэхум и мелыӀыч хуэдэу зегъэӀу.


А Ӏуэхухэм я гъуэгум фрикӀуэрт. Мы дунейм и хабзэжь Ӏейм фытету, жьым тепщэныгъэ щызиӀэ Ӏэтащхьэу, жин бзаджэу Тхьэм емыдаӀуэхэм я псэм хэлэжьыхьыр зэрыхуейм тету фыпсэуащ.


Тхьэм и псалъэу тхахэм зэрыхэтым хуэдэу, «ЦӀыху псори удзым хуэдэщ, я щӀыхь псори удз гъэгъам хуэдэщ. Удзыр мэгъуж, гъэгъари мэкӀуэдыж.


Дэ Тхьэм дызэрибыныр дощӀэ, дуней псори шейтӀаным и ӀэмыщӀэ зэрилъри дощӀэ.


Благъуэжь абрагъуэр щӀылъэм кърадзыхащ – иблису икӀи шейтӀану жыхуаӀэ блэжьу щӀылъэм тет цӀыху псори дэзыщэхыр аращ. Ари абы и мелыӀычхэри щӀылъэм кърадзыхащ.


Хьэщхьэвылъэу слъэгъуар къаплъэн фӀыцӀэм хуэдэт, ауэ и лъакъуэхэр мыщэ лъакъуэхэм хуэдэт, и жьэр аслъэным и жьэм хуэдэт. Благъуэжьым и лъэкӀыныгъэри, и тахътэри, и тепщэныгъэшхуэри хьэщхьэвылъэм иритащ.


Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэри езауэнурэ хигъэщӀэн хуит хъуащ. Унагъуэ лъэпкъ псоми, къэрал псоми, бзэ псоми, лъэпкъ псоми тепщэныгъэ яхуиӀэну хуит хъуащ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan