Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 4:41 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

41 Жин бзаджэхэри, «Уэращ Мэссихьу Тхьэм и Къуэр», жаӀэу къэгуоурэ, цӀыху куэдым къахэкӀыжырт. Ар зэры-Мэссихьыр ящӀэрти, егийри, псэлъэну хуит ищӀакъым Хьисэ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

41 «Уэ Тхьэм ури-Къуэщ», – жаӀэурэ, жин бзаджэхэр цӀыху куэдым кӀийуэ къахэкӀыжырт. Ауэ Хьисэ абыхэм яхуидэртэкъым апхуэдэу жаӀэну, Ар Тхьэм зэри-Мэсихьыр абыхэм ящӀэрти.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 4:41
14 Iomraidhean Croise  

Ауэ Хьисэ зыри жиӀакъым. – СынолъэӀу, гъащӀэр зи ӀэрыкӀ Тхьэм и цӀэкӀэ къыджеӀэ, уэра Мэссихьу Тхьэм и Къуэр? – къеупщӀащ дин пашэшхуэр Хьисэ.


ЦӀыхухэм гуэныхь езыгъэлэжь шейтӀаныр къыбгъэдыхьэри Хьисэ къыжриӀащ: – Уэ Тхьэм ури-Къуэмэ, щӀакхъуэ хъуну мы мывэхэм унафэ хуэщӀ.


Пщыхьэщхьэ щыхъум, жин бзаджэм иӀыгъ цӀыху куэд Хьисэ деж къашащ. Жин бзаджэхэр цӀыхухэм зы псалъэкӀэ яхихуащ, Хьисэ сымаджэ псори игъэхъужащ.


– Тхьэм и Къуэ, сыт уи Ӏуэхуу къытхэлъыр? ПӀалъэр къэмыс щӀыкӀэ, гугъу дебгъэхьыну укъэкӀуа? – жаӀэурэ къэгуоуащ ахэр.


ЛӀым Хьисэ жриӀащ: – Сакъ, мыр зыми хуумыӀуэтэж, ауэ дин пашэм деж кӀуэи, зыкъегъэлъагъу. Мусэ бегъымбарым и унафэм тету, къурмэн щӀы итӀанэ. УзэрыхъужамкӀэ цӀыхухэм я пащхьэм щыхьэт щыхъунущ ар.


– Щыгъэт, мы лӀым къыхэкӀыж, – жиӀащ Хьисэ, жин бзаджэм егийри.


Пщыхьэщхьэм дыгъэр къухьа нэужь, сымаджэхэмрэ жин бзаджэм иӀыгъ цӀыху псомрэ Хьисэ къыхуашащ.


Хьисэ узыфэ зэмылӀэужьыгъуэ куэд зэфыкӀ сымаджэ Ӏэджи игъэхъужащ абы щыгъуэ, жин бзаджэ куэди цӀыхухэм яхихуащ, ауэ жин бзаджэхэр къэпсэлъэну хуит ищӀакъым, ар зэры-Мэссихьыр ящӀэрти.


Хьисэ щалъагъукӀэ, абы и пащхьэм зыщрадзыхырти, жин бзаджэхэри зэрыгъэкӀийрт: «Уэ Тхьэм ури-Къуэщ!» жаӀэурэ.


Хьисэ сымаджэм щхьэщыувэщ, плъыржьэрым егийри, хихуащ. ЗанщӀэу къызэфӀэувэри, абыхэм хьэщӀагъэ къарихащ цӀыхубзым.


Мы Ӏуэхухэр щӀэттхар Хьисэ Мэссихь Тхьэм и Къуэу зэрыщытымкӀэ фӀэщхъуныгъэ фиӀэ хъун папщӀэщ, Хьисэ и цӀэкӀэ мыкӀуэдыжын гъащӀэ фиӀэ хъун щхьэкӀэщ а фӀэщхъуныгъэмкӀэ.


Зы Тхьэм фӀэкӀ зэрыщымыӀэр уи фӀэщ мэхъу. Ар фӀыщ. Жин бзаджэхэми ар я фӀэщ мэхъу икӀи щошынэ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan