Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 4:40 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

40 Дыгъэр щыкъухьэм, узыфэ зэмылӀэужьыгъуэхэр зиӀэ сымаджэ псори Хьисэ къыхуашэу щӀадзащ псоми. Абыхэм ящыщ дэтхэнэри, и Ӏэр трилъхьэурэ, игъэхъужырт.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

40 Пшапэр щызэхэуэм, уз зэмылӀэужьыгъуэ зэфыкӀ сымаджэхэр Хьисэ къыхуашэу щӀадзащ. Хьисэ и Ӏэр ятрилъхьэурэ, ахэр игъэхъужырт.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 4:40
12 Iomraidhean Croise  

Нэфхэр къоплъэж, лъашэхэр тэрэзу зекӀуэ, уэшын уз зэфыкӀхэр узыншэ, дэгухэм зэхах мэхъуж, лӀахэр къотэджыж, тхьэмыщкӀэхэм хъыбарыфӀыр къалъоӀэс.


А хъыбарыр щызэхихым, цӀыхухэм яхэкӀри, щӀыпӀэ пхыдза гуэрымкӀэ и закъуэу кхъуафэжьейкӀэ иунэтӀащ Хьисэ. Ар щызэхахым, цӀыху гупышхуэ къалэхэм къыдэкӀри, Хьисэ лъэсу кӀэлъыкӀуащ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Хьисэ цӀыху куэд игъэхъужырти, уз зыпкърыт цӀыху псоми зыкъыхуадзырт, абы къеӀусэн щхьэкӀэ.


быдэу къелъэӀуащ ар: – Сипхъу цӀыкӀур малӀэри телъщ. Къэхъужын икӀи псэууэ къелын щхьэкӀэ, накӀуи, уи Ӏэхэр телъхьэ!


Хьисэ и Ӏэхэр сымаджэ гуэрхэм ятрилъхьэурэ зэригъэхъужам фӀэкӀа, а щӀыпӀэм Ӏуэху телъыджэ лъэпкъ щилэжьакъым.


Паул и щӀыфэм еӀуса напэӀэлъэщӀхэри щыгъын щӀыӀутелъхэри сымаджэхэм тралъхьэрт. ЩытралъхьэкӀэ, ахэр хъужырт, ахэр зыӀыгъ жин бзаджэхэри яхэкӀыжырт.


Арати, Петр щыблэкӀкӀэ, нэгъуэщӀ мыхъуми, и ныбжьыр сымаджэхэм къатридзэн щхьэкӀэ, цӀыхухэм я сымаджэхэр пӀэхэм зэрилъу, е алэрыбгъухэм телъу къахьырти, уэрамхэм къыдалъхьэрт.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan