37 Аращи, Хьисэ теухуа хъыбарыр хэкум дэнэкӀи щызэлъащӀысащ.
37 Апхуэдэу Хьисэ и хъыбар а щӀыпӀэм дэнэкӀи щыӀуащ.
А телъыджэм и хъыбар хэку псом щызэлъащӀысащ.
АрщхьэкӀэ, унэм къызэрыщӀэкӀыжу, хъыбарыр яӀуэтэжу щӀадзэри, хэку псом хагъэӀуащ.
Арати, Хьисэ теухуа хъыбарыр Галилей хэку псом дэнэкӀи псынщӀэу щызэлъащӀысащ.
Ауэ а лӀыр ежьэри, къэхъуа псори жиӀэжурэ, зэрыхъужа щӀыкӀэм и хъыбарыр цӀыхухэм яхуиӀуэтэжащ. Абы къыхэкӀкӀэ, цӀыхухэм къалъагъуу Хьисэ къалэ гуэри дыхьэ хъунутэкъым, щӀыпӀэ пхыдзахэм щыӀэт. Ауэ дэни къикӀыурэ, цӀыхухэр абы деж къакӀуэрт.
Хьисэ цӀэрыӀуэ хъуати, и хъыбар Ирод пащтыхьым зэхихащ. Щызэхихым, мыпхуэдэу жиӀащ: – Ар умэхъакӀуэ Иуанырауэ къыщӀэкӀынщ. Ар лӀахэм къахэтэджыкӀыжащ, аращ апхуэдэ къару зыхэлъ Ӏуэху телъыджэхэр щӀилэжьыр.
Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и лъэкӀыныгъэкӀэ Хьисэ Галилей хэкум игъэзэжащ итӀанэ. Хьисэ теухуа хъыбарыр а хэку псом щызэлъащӀысащ.