Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 4:35 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

35 – Щыгъэти, мы лӀым къыхэкӀыж! – жиӀащ Хьисэ, жин бзаджэм егийри. ЦӀыху псоми я пащхьэм лӀыр щриудри, зыри иримыщӀэу, жин бзаджэр абы хэкӀыжащ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

35 – Уи жьэр зэтепӀи, къыхэкӀыж а цӀыхум! – жриӀащ Хьисэ жиным. Жин бзаджэм а лӀыр псоми я пащхьэм щриудри, зыкӀи зэран хуэмыхъуу къыхэкӀыжащ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 4:35
17 Iomraidhean Croise  

Лъы гъэжэным сыщыхъумэ, Уэ, Тхьэм, сымыкӀуэду сыкъезыгъэла Тхьэм, уи щыпкъагъэм щӀыхь хуэсщӀынщ си бзэкӀэ.


Къыщыхуашэм, Хьисэ жин бзаджэм егийри, жиныр щӀалэм хэкӀыжащ. ЩӀалэри асыхьэтым хъужащ.


– Сыт апхуэдизу фыщӀэшынэр фӀэщхъуныгъэ зи мащӀэхэр? – яжриӀащ абыхэм Хьисэ. ИтӀанэ къызэфӀэувэщ, борэнышхуэми псыми егийри, дунейр щым дыдэ хъужащ.


Жин бзаджэм лӀыр игъэкӀэзызщ, макъышхуэкӀэ къыхэкӀийри, лӀым хэкӀыжащ.


Хьисэ къэтэджщ, борэнышхуэм егийри, псыми жриӀащ: – Сабырыж, увыӀэ! Жьыр увыӀэжри, дунейр щым дыдэ хъужащ.


Жин бзаджэр ину къэкӀийщ, щӀалэр хуабжьу игъэкӀэзызри, абы хэкӀыжащ. ЩӀалэр хьэдэм хуэдэ хъуати, цӀыхухэм ящыщ куэдым «Ар лӀащ», жаӀэрт.


Ауэ абы нэхърэ нэхъ цӀыху лъэщыж къытебанэрэ къытекӀуэмэ, ар зыщыгугъ Ӏэщэхэр трихынурэ, ахэр псори хигуэшыжынущ.


– Щэч хэмылъу мы псэлъэжьыр къызжефэнщ: «Дохутыр, уэ зыгъэхъуж». ИтӀанэ къызжефэнщ: «Капернаум къалэм щыблэжьауэ зэхэтхам хуэдэ Ӏуэхухэр мы ущапӀа къалэм щылэжь», – яжриӀащ абыхэм Хьисэ.


Хьисэ сымаджэм щхьэщыувэщ, плъыржьэрым егийри, хихуащ. ЗанщӀэу къызэфӀэувэри, абыхэм хьэщӀагъэ къарихащ цӀыхубзым.


Жин бзаджэхэри, «Уэращ Мэссихьу Тхьэм и Къуэр», жаӀэу къэгуоурэ, цӀыху куэдым къахэкӀыжырт. Ар зэры-Мэссихьыр ящӀэрти, егийри, псэлъэну хуит ищӀакъым Хьисэ.


Апхуэдэу щыхъум, ахэр Хьисэ къыбгъэдыхьэщ, къагъэушри, жаӀащ: – Гъуазэ, гъуазэ, докӀуэд. Хьисэ къызэфӀэувэщ, борэнышхуэми толъкъунхэми егийри, зэтригъэувыӀащ, щыми хъужащ.


ЩӀалэр жин бзаджэм зэщӀеубыдэри, асыхьэтым къыхегъэкӀиикӀ. ЩӀалэм и жьэм тхъурымбэр къыжьэдэхуу, ар жин бзаджэм къегъэкӀэзыз, гугъу дыдэ иримыгъэхьауэ хэкӀыжыркъым.


ЩӀалэр къыщыхуашэм, жин бзаджэм щӀым зыхригъадзэри, ар къигъэкӀэзызащ. Апхуэдэу щыхъум, Хьисэ жин бзаджэм егийщ, щӀалэр игъэхъужри, и адэм иритыжащ.


Аращи, фэ, уафэхэри, фэ, уафэхэм щыпсэухэри, фыгуфӀэ! Ауэ фэ, щӀыри хыри, гъуэгу мыгъуэ фытеуващ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ иблисыр къыфхуехащ. Зэману езым къыхуэнэжыр зэрымащӀэр ещӀэри, и гум губжьышхуэ илъщ».


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan