Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 4:32 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

32 Тхьэм и псалъэхэр Хьисэ зэраригъащӀэ щӀыкӀэр икъукӀэ ягъэщӀэгъуащ цӀыхухэм, тепщэныгъэшхуэ иӀэу абыхэм епсалъэрти.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

32 Псоми яфӀэтелъыджэт Хьисэ и ущиекӀэр, сыту жыпӀэмэ и псалъэхэм тепщэныгъэ яӀэт.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 4:32
15 Iomraidhean Croise  

Хьисэ Ӏуэхугъуэхэр зэраригъащӀэу щыта щӀыкӀэр ягъэщӀэгъуащ цӀыхухэм, торэт егъэджакӀуэ пашэхэм яхуэмыдэу, тепщэныгъэшхуэ иӀэу, цӀыхухэм Тхьэм и гъуэгур яригъащӀэрти.


ЩӀалэм жиӀэм едаӀуэу щыс псоми абы и губзыгъагъэмрэ и жэуапхэмрэ ягъэщӀагъуэрт.


Жин бзаджэм иӀыгъ лӀы гуэр щӀэтт синэгуэгум. Ар макъышхуэкӀэ къахэкӀиящ:


ЦӀыху псоми ар хуабжьу ягъэщӀагъуэурэ, зыр адрейм еупщӀырт: – Ар сыт! ГъэщӀэгъуэн! Тепщэныгъэшхуэрэ лъэкӀыныгъэшхуэрэ иӀэу, жин бзаджэхэм унафэ яхуищӀурэ, цӀыхухэм яхеху.


Тхьэм и Псэ ЛъапӀэращ цӀыхухэм мыкӀуэдыжын гъащӀэ къезытыр. Си пкъыр фэзгъэшхын щхьэкӀэкъым ар щӀыжысӀэр. Ар сэбэп хъужынукъым. НывжесӀа псалъэм Тхьэм и Псэ ЛъапӀэри мыкӀуэдыжын гъащӀэ фиӀэ ящӀ.


– А лӀыр къызэрыпсалъэм хуэдэу, зы цӀыхуи игъащӀэм псэлъакъым, – жаӀащ ӀуэхутхьэбзащӀэхэм.


ЕмыкӀу зыхэлъ Ӏуэху щэхухэм захуэдгъазэркъым. Хьилагъэ дыхэткъым. Тхьэм и псалъэхэри зэӀыдгъэхьэркъым. Щыпкъагъэр ягурыдгъаӀуэурэ цӀыху псоми ягу дызэрырихьыным Тхьэм и пащхьэм дыщыхэтщ.


сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ хъыбарыфӀыр къызэрыфлъэдгъэӀэсар псалъэ къудейкъым, атӀэ къарукӀи Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и лъэкӀыныгъэкӀи хъыбарыфӀыр къыфлъэдгъэӀэсащ, нэгъэсауэ ар фи фӀэщ дгъэхъуащ. Дыщыфхэтым, ди фӀагъ фэдгъэкӀыу дызэрыфхущытар фощӀэ.


А Ӏуэхухэращ цӀыхухэм ебгъэщӀэн хуейр. Тепщэныгъэу уиӀэ псомкӀи цӀыхухэр гъэгушхуэ икӀи абыхэм яущие. Зыми нэмыплъ зрумыгъэт.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan