28 Ар щызэхахым, синэгуэгум щӀэс цӀыху псори хуабжьу къэгубжьащ.
28 Ар щызэхахым, тхьэлъэӀупӀэ унэм щӀэс псори къызэрыгъэгубжьщ,
Тхьэгурымагъуэхэм къызэрагъэпцӀар щилъагъум, Ирод икъукӀэ губжьащ. Тхьэгурымагъуэхэм къаригъэӀуэта зэманым икӀуэцӀкӀэ, Бэтлэхьэм абы и Ӏэхэлъахэ псоми щыщ къыщалъхуа сабий псори, илъэситӀ зи ныбжьым нэс, яукӀын щхьэкӀэ Ирод и зауэлӀхэр иутӀыпщащ.
Елисей бегъымбарым и зэманми уэшын узыфэ зэфыкӀ цӀыху куэд Израил ису щытащ, ауэ Елисей абыхэм ящыщ зыри игъэхъужакъым, Сирие хэкум щыщ Нееман зи цӀэ закъуэм фӀэкӀ.
Ахэр къэтэджри, Хьисэ къалэм къыдахуащ икӀи къалэр зытет бгым щадзыну драшеящ.
Ауэ ахэр хуабжьу губжьауэ, Хьисэ мыхъумыщӀагъэу иращӀэнумкӀэ зэчэнджэщащ.
Тхьэмадэ Хасэшхуэм щыщхэм ар щызэхахым, къызэщӀэплъэри, апостолхэр яукӀыну хэтащ.
Тхьэмадэ Хасэшхуэм щыщхэм Стефан жиӀэм здедаӀуэм, къызэрыгъэплъурэ, я дзэхэр зэрагъэшхырт.